Кхъуейудз
Кхъуейудз, къэкӀыгъэщӀэныгъэ тхылъымкӀэ зэхэхауэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Гъагъэ къэкӀыгъэ
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: Кхъуейудз хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Кхъуейудз лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Кхъуейудз
Латин цӀэр
Malva
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 21832
NCBI 96479

Кхъуейудз (лат-бз.: Malva, ур-бз.: Мальва) — къэкӀыгъэ кхъуэйудз-лъэпкъым ящыщу.

КъыздэкӀхэр зэгъэзэхуэжын

30 лӀэужьыгъуэ хуэдиз лъэпкъым щыщу Еуропэм, Азиэм, Ишъхъэрэ Африкэм, Ишъхъэрэ Америкэм къыщокӀхэ, къызэрхагъэкӀхэр я гъагъэпкъыр тхьампищу зэрзэгуэтыр, езы гъагъэхэр тхьампэ тхурытху щытхэ, гъэч зыфӀэтхэм тхьампэ куэд ятету. КъыздэкӀыр мэзхэм, гъогугъунэхэм, губгъуэхэм, хадэхэм, бжьыхькӀагъхэм; ежьужь.

Ӏарысу ягъэкӀыр куэду игъагъэхэм шъхьакӀэ.

ЗэрзэфӀэтыр зэгъэзэхуэжын

Кхъуейудзыр - зыгъэпсоу, макӀыу илъэситӀ иэ гъэбжыгъэпсоу удз-къэкӀыгъэ, жэпкъ зыубгъу, зэфӀэт иэ занду щыт иӀу, илъэгагъыр см. 30 - 120 хъууэ. Итхьампэхэм кӀы иӀу, хъурейху, гъунэ 5 -7 зэхэкӀыу, пхъашу щыту.

Гъагъэхэр 1 - 5 тхьампэ кӀыхэм къыдедз; лӀэужьыгъуэ куэдым гъачу пытхэ, гъагъэ-тхьампэхэр я кӀапэмкӀэ тӀууэ зэгуокӀхэр, мы памцӀу хъуреуэ щытху, я фэр плъыжьыху. Щыгъагъэр мэкъуауэгъуэм щыкӀэдзауэ шыщхьэӀум нэгъунэ.

Лъабжъэхэр кӀыхь, бгъуэуэ зэкӀокӀхэр.

ЛӀэужьыгъуэхэр зэгъэзэхуэжын

 
 
Malva aegyptia
 
Абазэкхъуей (Malva sylvestris)