МэкъупӀэбзу
МэкъупӀэбзу | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Anthus pratensis Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
МэкъупӀэбзу (лат-бз. Anthus pratensis) — мывэкӀэпыс лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынКъуалэбзу щхъуафэ цӀыкӀущ. ТхыцӀэр щхъуэ-гъуэжьыфэщ кусэ фӀыцӀэхэр хэлъу, ныбэ щӀагъыр хужьыфэщ, хулъащхьэми, бгъэми, джабэхэми кусэ Ӏув хэлъу.
Здэпсэухэр
зэгъэзэхуэжынНэхъыбэм здэплъагъур щӀылъэрщ. Къаукъазым и бгылъэ щӀыпӀэхэм куэду икӀи мылъэтэжу щопсэу. Апхуэдуи уащыпэщӀэхуэнущ Еуропэм, Азиэм, Африкэм я мэкъупӀэ Ӏувхэм, псыӀэхэм, псыпцӀэ щӀыпӀэхэм. МэкъупӀэбзухэм нэхъ къыхах псы ежэххэм, хыкъумхэм я гъунэгъу псыӀэ щӀыпӀэхэр, псыпцӀэхэр, бгъэн, къамыл, нэгъуэщӀ къэкӀыгъэ лъагэхэр здэщыӀэхэр. Щыгъуалъхьэр щӀылъэрщ. Гъэм тӀо къыреш.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.