Псков област
Псков област (урбз. Псковская область) — Федерациэ Урысеим хэт хэку. Къалэ нэхъыщхьэр Псков.
Псковобласт
| |||||
| |||||
Къалэ нэхъышъхьэ | Псков | ||||
И инагъыр - Псори |
48-нэ 55 399 км² | ||||
Джылэр - Псори |
64-нэ 688 563 цӀыху (2010) | ||||
ВРП - Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ |
70-нэ 73,4 млрд. руб. (2008) | ||||
Федерал куейхэр | Ишъхъэрэ-КъуэхьэпӀэ | ||||
Эконом куейхэр | Ишъхъэрэ-КъуэхьэпӀэ | ||||
Губернатор | Турчак Андрей | ||||
УФ-м и къэралым и кодыр | 60 | ||||
Зэманыгъуэр | MSK (UTC+3) | ||||
Псков Уикисурэтылъэм |
Хэкумэтхыр
зэгъэзэхуэжынПсков хэкур Урысейм и ишъхъэрэ-къуэхьэпӀэ еуропэ лъэныкъуэм хэт. Гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: ишъхъэрэмкӀэ - Ленинград хэкум, къуэкӀыпӀэмкӀэ - Новгородымрэ Тверымрэ, ипшъэмкӀэ - Смоленскымрэ Урысыхумрэ, къуэхьэпӀэмкӀэ - Латвиэмрэ Эстониэмрэ.
Хэкум шӀыпӀу иубыдыр зэрыхъур 55,3 мин км².
Езы шӀыпӀэр нэхъыбаӀуэм губгъу щыт, мэзкӀэ бэгъуауэ (мэзхэм шӀыуэ яубыдыр зэхэту 2450 мин га) абым пэмыкӀыуи псыхъурей бжыгъэхэр (яубыдыр 210 км²). Псыхъурей нэхъ индыдэр Псков Чудской; хэку псом псыхъуреуэ хэтыр 3 700 фӀокӀыр.
Хэкум мэзу къинэжьар 250 млн. м³ носыр(тхьэмпэбанэхэм ящыщ - 45%). Хэкур бэгъуауэ щыт мэзкъэкӀыгъэ къэщхьэпэгъуэхэмкӀэ: Ӏэргъэбэгухэр, мэракӀуэхэр, гынкъэкӀыгъэхэр.
Хьэйуар континет-курыту щыт. Гъэм и температурэ курытыр +5°С. Мазэкурыт температурэр щӀышылэм -7,8°С, бадзэуэгъуэм +17,3°С. Уэуэ къэхыр гъэм 625 мм.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынКъалэ Псковыр япэреуэ тхыдэтхыгъэхэм къыщыӀохур 903 гъэм. X-XII лъэхъэнэхэм Псков хэкур Киеу Урысеим хэтт, ауэ и къэрур кӀуэдын щыкӀидзэм Новгородымрэ Владимирымрэ и ӀэнатӀэпӀашъхьэм кӀэхьэ.
1242 мэлыжъыхьым и 5-м Чудской псыхъурем Мыл-зауэ щекӀуэкӀа Александр Невскэ и урысыдзэмрэ Ливон лъэпкъэгъумрэ дзэмрэ яуэ. зауэр урысыдзэм и текӀуэныгъэкӀэ иуха.
1348-1510 гъэхэм Псков хэкур шъхьэхуит республику щыта. Мэзкуумрэ Псковымрэ я зэпылъыныр нэхъ лъэш щыхъум Псковыр Урыс къэралым хохьэр.
Ишъхъэрэ зауэшхуэм щыгъуэ 1700-1721 гъэхэм Псковыр урысыдзэм и гъунапкъым тет быдапӀэ къэлъытэгъуэшхуэ зиӀу щыта, къышхьэпэгъуэ дзэм шъхьэкӀэ зэрихьу.
1710 гъэм Петр I и унафэмкӀэ псков шӀыпӀэхэр Ингерманлэнд хэкум хохьэхэ, 1727 гъэм Екатэринэ II и унафэмкӀэ Новгород хэкум хохьэхэ.
Псков хэку къыщыхагъэкӀыр 1776 гъэм шышъхьэӀум и 24.
1917 гъэм гъатхэпэм и 2-м пэштыхь Николай II тхылъ кӀетхэ Псков къалэм и ӀэнатӀэпӀашъхьэр къигъану. Советхэм я ӀэнатӀэр 1917 гъэм йохьэр хэкум.
1927 гъэм Псков шӀыпӀэр Ленинград хэкум хохьэ, ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм и зэманыгъуэм оккупациэм хэта.
Псков хэкур щызэфӀэувэжьар 1944 гъэм.
Джылэр
зэгъэзэхуэжын2010 гъэм и шӀышъылэм и 1-м къэлъытэгъуэкӀэ Псков хэкум дэсар 688563 цӀыху (Псков къалэм - 191760)[1]. Демографиэмрэ хэку тхыдэмрэ ятеухуауэ Псков хэкум и джылэр щимыгъэту нэхъ макӀэ мэхъур.
Лъэпкъ дэсхэр
| ||
---|---|---|
Лъэпкъыр | Бжыгъэр (2002 ггъэ[2]) |
% |
Урысхэр | 717101 | 94,25 |
Украинхэр | 12471 | 1,64 |
Урысыхухэр | 9664 | 1,27 |
Цыджанхэр | 3220 | 0,42 |
Ермэлыхэр | 2270 | 0,30 |
Къэзанхэр | 1499 | 0,20 |
Азэрбиджанхэр | 1319 | 0,17 |
Эстонхэр | 1122 | 0,15 |
ПэмыкӀхэр | 6657 | 0,87 |
Лъэпкъ гъэлъэгъуахэр зи бжыгъэр 1000 цӀыху фӀэкӀыр |
Хьэблэхэр
зэгъэзэхуэжынХьэблэ зи джылэм я бжыгъэр минищым фӀэкӀыу щытхэр 2010 гъэм и шӀышъылэмкӀэ[1] | ||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||
|
Экономикэр
зэгъэзэхуэжынХэкум и валовэ продуктыр 2008 гъэм 73,4 млд. рубылу хъуа (зы цӀыхуа абы теуэр - 104,8 мин рубылу гъэм)[3].
Экономикэм и лэжьыгъэ нэхъышъхьу щытыр губгъуэ-былым лэжьыгъэхэр - чэ, лы, кэнтроф, пхъышъхьэмышъхьэ, джэд-зехуэныгъэ.
Абыб пэмыкӀыу хэкум дэт Псков ГРЭС, цӀыкӀу СГ-хэр джоуэ. Великие Лукахэм локомотивщӀыж фабрикэ дэт.
Администрациэ гуэчыгъуэр
зэгъэзэхуэжынПсков хэкур и администациэмкӀэ муниципал куей 24-кӀэрэ къалэ-куей 2-кӀэрэ мэгуэч.
Гулъытыгъу щытыр
зэгъэзэхуэжын- Псков хэкур Урысей Федерациэм и закъу щыт нып зымыӀэ хэку.
Гулъытыгъуэ
зэгъэзэхуэжын- ↑ 1.0 1.1 [1] 2010 гъэм шӀышъылэм и 1-мкӀэ къэлъытэгъуэ Псков хэкум и джылэ бжыгъэр (урыс.)
- ↑ Урысейпсом и джылэбжыгъэ 2002 гъэмкӀэ (урыс.)
- ↑ Хэку валовэ продукт (урыс.)
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынПсков област Уикисурэтылъэм? |
- Псков хэкум и официал сайтыр (урыс.)
- Псков хэкум и културэр (урыс.)
- Порховской лъэныкъуэ — тхыдэ, документхэр, шӀыпӀэтхыпхъэхэр (урыс.)
- Псков хэкур каталог-кӀэупшӀэгъуэм «Вся Россия» (урыс.)
- Псков хэку — Характеристикэр. (урыс.)
- Псков къэралыгъуэ зэгуэт тхыдэ-аркитектуру арту музей-хъумэныгъэр. (урыс.)
- Псков Къэралыгъуэр. Псков хэкугъэм и архив. (урыс.)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Урысей теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |