Псыбзу
Псыбзу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Псыбзу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Псыбзухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Псыбзу
Латин цӀэр
Cinclus cinclus
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 559287
NCBI 127875

Псыбзу (лат-бз. Cinclus cinclus) — псыбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Cinclus cinclus

И инагъкӀэ бзуупцӀэм хуэдизщ, фӀыуэ зэхэщӀыхьащ. И теплъэр нэхъыщхьэу гъуабжэщ. Жьэгъум къыщыщӀэдзауэ, бгъэгур, ныбэщӀагъыр хужьщ.

Здэпсэухэмрэ щэнымрэ

зэгъэзэхуэжын

Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Ипщэ-КъухьэпӀэ Африкэм я бгылъэхэм. Псыбзухэм абгъуэ щащӀ щӀыпӀэ зэхуэщӀахэм, и нэхъыбэм блын зэгуэкӀыпӀэ цӀыкӀухэм, е псым и гъунэгъу дыдэ дэхьэпӀэхэм.

Абгъуэ ихьэпӀэр зэхуещӀ псыкъелъэм икӀи абы кӀуэжын папщӀэ бзур ену псы блыным пхырылъэтын хуей мэхъу. Ар гъэщӀэгъуэнкъым, езы бзум къуршыпс уэрым и щӀагъым хуиту къызэрыщикӀуфыхьыр къэплъытэмэ.

Абгъуэр зэпэхъурей инщ, жыглыц псыӀэм къыхэщӀыкӀауэ, ихьэпӀэр ибгъумкӀэ щыӀэу. Зыухуэр хъуращ. Абгъуэ кӀуэцӀым анэм гъуэлъхьэпӀэ щещӀ, хьэцэпэцэ къэкӀыгъэхэм япкъхэмрэ тхьэпэхэмрэ къыхех.

Къаукъазым щымыкуэдми мылъэтэжу щыӀэщ.


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.