Докъушыкъуей версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр
Created page with "{{Infobox settlement Russia |статусыр = Къуажэ |адыгэцӀэр = Докъушыкъуей |ицӀэдыдэр = {{Lang-ru|Ста..." |
(зэщхьэщыкӀыныгъэ иӀэкъым)
|
07:09, 29 Гъатхэпэ 2014 версие
Докъушыкъуей (урбз. Старый Черек) — Аруан къедзыгъуэм хыхьэ къуажэ.
Къуажэ
Докъушыкъуей
|
Географиер
Къуажэр Аруан къедзыгъуэм и дыгъэкъуэкIыпIэмкIэ гъэзащ, Шэрэдж и ижь лъэныкъуэмкIэ кIэрысу. Къуажэм щыщIэдзауэ къедзыгъуэ къалащхьэ Нарткъалэ нэс 15 км дэлъщ, Налшык къалэ нэс 23 км дэлъщ.
И нэхъ къужэ гъунэгъухэр — Псыгуэнсу, Аруан, Ишхъэрэ Къуэжьыкъуей, Къуэжьыкъуей.
Къуажэр псори джабащхьэм тесщ. Джабэр япэм Шэрэдж къиуху гуилъэсыкIт, абы щхьа псым и ижь лъэныкъэур къаухъуреихьащ дамбэкIэ.
Тхыдэ
Къуажэр яухуауэ ябж 1620 гъэм. Къуажэр зыухуар Къэбэрдейм пщIэщхуэ зиIэ Докъушыкъуэ пшыхэращ.
1920 гъэм къуажэм и цIэр яхъуэжащ, пщым и цIэр зэрызэрихьэм щхьа. Абы къыхэкIыу къуажэм фlащащ Старый Черек. Ауэ къужэдэсхэр къуажэм иджыри зэреджэр Докъушыкъуейщ.
Джылэ
ЦIыху бжыгъэр | |||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
2010[1] | 2012[2] | 2013[3] | |||||||||||||
6 203 | ↗ 6 314 | ↗ 6 324 |
Джылэ дэсым и Iувагъыр — 92 цӀыху/км²
- Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)[4]
Лъэпкъ | ЦIыху бжыгъэр | Iыхьэр % |
---|---|---|
адыгэхэр | 6 145 | 99,1 % |
адрейхэр | 58 | 0,8 % |
псори | 6 203 | 100 % |
ЕджапIэхэр
- Курыт еджапIэ № 1
- Курыт еджапIэ № 2
- Курыт еджапIэ № 3
- КъБАПЛ
- ПэщIэдзэ еджапIэ № 1
- ПэщIэдзэ еджапIэ № 2
- ПэщIэдзэ еджапIэ № 3
Сымаджэш
Зы сымаджэщ дэтщ
Дин
МэжджытитI дэтщ
Экономикэ
Къуажэм пхъащхьэмыщхьэ щIапIэ куэд иIэщ. Губгъуэхэр гъэхуауэ къагъэсэбэп. ХадэхэкIхэр щащэну бэзэрищ щыухуащ.
Къуажэм предприятиеу щы дэтщ. Шэрэдж псыхъуэм мывэ захуэ дэлъхэр даш. Псыхъуэм аткIэ фIэмыщI щIым къыщыщIах.
ЦIэрыIуэ къыщыхъуахэр
КIуащ Ибрахьим и къуэ БетIал (1920-1957) — адыгэ цIэрыIуэ тхакIуэ
Гулъытэгъуэ
- ↑ Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкIуэкIам къыхэкIыу
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2012-гъэм ЩIышылэм и 1-м ирихьэлIэу джылэ дэсахэр
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2013-гъэм ЩIышылэм и 1-м ирихьэлIэу джылэ дэсахэр
- ↑ Ещанэ том. ЕплIанэ таблицэ. Къэбэрдей-Бэлъкъэрым джылэ исыр лъапкъыгъуэкIэ зэрыугуэшар, Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкIуэкIам къыхэкIыу