Тхьэрыкъуэхэр
Тхьэрыкъуэхэр | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Columba Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||
|
Тхьэрыкъуэхэр (лат-бз. Columba) — къуалэбзу лъэпкъыгъуэ, тхьэрыкъуэ лъэпкъым щыщщ.
ФӀэщыгъэм къызэщӀеубыдэ лӀэужьыгъуэ зыбжанэ. Мэзхэм, губгъуэхэм, хьэблэхэм бжыгъэу уащыпэщӀохуэ. ПщӀантӀэ гъэдахэ хьисэпкӀэ унэм щыӀыгъщ.
Цы Ӏув ятетщ; пэ, пщэ, лъакъуэ кӀэщӀхэщ, ауэ дамэ кӀыхь-папцӀэхэщ. ПсынщӀэу мэлъатэ, задэу заӀэтыф. Ӏусыр къанэ щымыӀэу къэкӀыгъэщ — нэхъыбэу жылэ, пхъэщхьэмыщхэ, мэракӀуэхэкӀ. Я хулъэр лъэщщ, зызужьащ, «шэ» ещӀыр, шырхэр ирагъашхэу. Абгъуэ щащӀ жыг къудамэхэм, къырхэм, нэпкъхэм, зэзэмызи — гъуэхэм, жыг гъуанэхэм. Бжьыхьэ-щӀымахуэ зэманым гупышхуэхэурэ зэрыӀыгщ. Я пэр псым къыхамыхыу, дырамгъэзейуэ йофэхэр.
ЩӀэнхабзэм и къэлъытыгъуэр
зэгъэзэхуэжынАдыгэхэм, Азиэм щыпсэу лъэпкъхэм, иужькӀэ слауанхэм я дежкӀэ тхьэрыкъуэр — щӀалэмрэ пщащэмрэ яку дэлъ лъэгъуныгъэ къабзэм,щэбагъэм я дэмыгъэщ (адыгэ уэрэдыжь «Тхьэрыкъуэпщэху», «Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ»). Фызышэ уэрэдым деж нысэу къашэ дахэр[1]:
« | Уэредадэ, къырым тхьэрыкъуэщ, Уэредадэ, тхьэрыкъуэ жьэгъухущ | » |
Къуалэбзум и адыгэ фӀэщыгъэр «Тхьэм и лӀыкӀуэ (къуэ)» жэуэ къыбгурыӀуэ хъунщ. Апхуэдэ лъытыгъуэ тхьэрыкъуэм иратыр чристэн динми.
Нарт ӀуэрыӀуатэхэми я деж хышхуэ щӀагъым щыпсэу зэшыпхъуищыр «Тхьэрыкъуафэхэр ятелъу» псэгъу ящӀыным и лъыхъуакӀуэ Нарт Хэкужьым лъэтэрейхэт я дыщэ жыгым махуэм къыпыкӀэ мыӀэрысэ телъыджэ закъуэр ядыгъуу, абыкӀэри нарт щауэхэм гу зылъырагъэтэн ягугъэу[2]
ЛӀэужьыгъуэхэр
зэгъэзэхуэжынЛъэпкъыгъуэм лӀэужьыгъуэ 50-рэ зэщӀеубыдэр, ахэр:
- Губгъуэтхьэрыкъуэ Columba livia
- Тхьэрыкъуащхъуэ Columba oenas
- Тхьэрыкъуэпщэху Columba palumbus
- Къыртхьэрыкъуэ Columba rupestris
- Columba albinucha
- Columba albitorques
- Columba araucana
- Columba argentina
- Columba arquatrix
- Columba bollii
- Columba caribaea
- Columba cayennensis
- Columba corensis
- Columba delegorguei
- Columba elphinstonii
- Columba eversmanni
- Columba fasciata
- Columba flavirostris
- Columba goodsoni
- Columba guinea
- Columba hodgsonii
- Columba inornata
- Columba iriditorques
- Columba janthina
- Columba junoniae
- Columba larvata
- Columba leucomela
- Columba leuconota
- Columba maculosa
- Columba malherbii
- Columba nigrirostris
- Columba oenops
- Columba oliviae
- Columba pallidiceps
- Columba palumboides
- Columba picazuro
- Columba plumbea
- Columba polleni
- Columba pulchricollis
- Columba punicea
- Columba simplex
- Columba sjostedti
- Columba speciosa
- Columba squamosa
- Columba subvinacea
- Columba thomensis
- Columba torringtoni
- Columba trocaz
- Columba unicincta
- Columba vitiensis
Гулъытыгъуэ
зэгъэзэхуэжынТхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |