ЯтӀэкъуэДзэлыкъуэ къедзыгъуэм хыхьэ къуажэ. ЯтӀэкъуэ къуажэ тӀысыпӀэм и щӀыпӀащхьэ.

Къуажэ
ЯтӀэкъуэ
Къэрал Урысей
Федерациэм и субъект Къэбэрдей-Балъкъэр
Муниципал къедзыгъуэ Дзэлыкъуэ къедзыгъуэ
Кординатхэр Кординатхэр: 43°57′00″ с. ш. 43°10′28″ в. д. / 43.95° с. ш. 43.174444° в. д. (G) (Я)43°57′00″ с. ш. 43°10′28″ в. д. / 43.95° с. ш. 43.174444° в. д. (G) (Я)
Тхьэмадэ Нэгъуей Бэрис ипхъу Лианэ
Щыхалъхьар 1934
И инагъыр 12,5 км²
Ӏувагъыр 67 км²/цӀыху
Лъэпкъхэр адыгэхэр
динхэр муслъымхэр
Этнохоронимыр ятӀэкъуэхэр
Зэманыгъуэр UTC+3
Почтэ индексыр 361 707
Автом и кодыр 07
ОКАТО 83 215 000 019
ЯтӀэкъуэ (Урысей)
ЯтӀэкъуэ (Къэбэрдей-Балъкъэр)

Хэкумэтх зэгъэзэхуэжын

Къуажэр Дзэлыкъуэ къедзыгъуэм и ишхъэрэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзащ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ставропол щӀыгумрэ я гъунэм пэмыжыжэу. Къажэм щыщӀэдзауэ Дзэлыкъуэ къуажэ нэс киломитритху, Псыхуабэ къалэ нэс километрэу 10 дэлъхэщ. Къуажэм и гъунэм блокӀ федерал гъуэгу Къаукъаз.

Къуажэ тӀысыпӀэм щӀы иӀыгъыр — 12,5 км2 мэхъу.

Нэхъ пэгъунэгъу жылэ тӀысыпӀэхэр — Дзэлыкъуэ къуажэ ипшэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ, Старопол щӀыгум и хуторхэ Тэмбыкъанрэ Зелонэрэ къухьэпӀэмкӀэ, киломитритхукӀэ нэхъ ипшэ-къухьэпӀэу и цӀэджэгъу къуажэ ЯтӀэкъуэ щылъщ.

ЯтӀэкъуэ республикэм и бгытехьэ Ӏыхьэм тетщ. Ику лъэгагъыр 570 метрэкӀэ хы Ӏуфэм къыщхьэщокӀ. Релефыр и нэхъыбэу уэрп бгытехьэ щӀызахуэу щытщ. КъухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ къуажэм къыщхьэщытщ Ӏуащхьитху бгыхэр.

Гидрографиэр къуажэм къыщыгъэлъэгъуащ ЯтӀэкъуэ псымкӀэ. Абы нэмыщӀ къуажэм километритӀкӀэ нэхъ ишхъэрэу щылъщ къэрал псом щыцӀэрыӀуэ Тэмбыкъан псыхъурейр. Ишхъэрэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ ЯтӀэкъуэ псыхъурей цӀыкӀухэр къуажэм къыпэщылъхэщ.

Климэтыр уэмщ. Гъэмахуэхэр хуабэу щытщ, курыт температурэхэр бадзэуэгъуэ мазэм +28° нэс докӀуей. ЩӀымахуэр щӀыӀэтыӀэщ, щӀыщылэ мазэм курыт температурэхэр -7° нэс йох.

Тхыдэ зэгъэзэхуэжын

Къуажэр яухуащ ЯтӀэкъуэ псым деж щӀапӀэ зиӀэу, Ӏэщабей къуажэм 1934 гъэм къыдэӀэпхъукӀа унагъуэхэм. Къуажэр зыухуахэм ящыщхэщ Быжь, Къардэн, Мэржэхъу, Мурат, Угъурлы, Тэтэркъан, Теувэжокъуэ, Щхьэныкъуэ унэцӀэхэр зезыхьэ унагъуэхэм. ТӀэкӀу тӀэкӀуурэ нэгъуэщӀ унагъухэми къуажэщӀэм къэӀэпхъуэн щӀадзахэщ.

Япэ гъэхэм къуажэщӀэр Дзэлыкъуэ къуажэ и унафэ щӀэту щтащ. Абы иуж къуажэм щхьэхуэ статус иратащ.

Иджы къуажэм мыофициалнэу «Къэбэрдей-Балъкэрым и куэбжэу» ироджэ, абдежым республикэм и хьэщӀэ лъапӀэхэр къыщрагъэблагъэу щырагъэжэжыу щыщытым щхьа.

Жылэ зэгъэзэхуэжын

ЦӀыху бжыгъэр
2010[1] 2012[2] 2013[3]
845 832 833

Жылэ дэсым и Ӏувагъыр — 67 цӀыху/км²

Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)[4]
Лъэпкъ ЦӀыху бжыгъэр Ӏыхьэр
 %
адыгэхэр 827 97,9 %
урысхэр 10 1,2 %
адрейхэр 8 0,9 %
псори 845 100 %

Дин зэгъэзэхуэжын

Къуажэм зы мэжджыт дэтщ, еджапӀэ-медресе хэту.

ЕджапӀэ зэгъэзэхуэжын

  • Курыт еджапӀэ № 1 — ур. Школнэ, 1.
  • ЕджапӀэ пэщӀэдзэ

Сымаджэш зэгъэзэхуэжын

  • Къуажэ сымаджэш

Экономикэ зэгъэзэхуэжын

Къуажэм и экономикэр нэхъыбэу зэпхар мэкъумэш ӀэщӀагъэращ. Псом нэхъ нэхъыбэу зыужа ягъуэтахэщ кӀэртӀофымрэ гуэдзмрэ зехьэныр.

Къуажэ тӀысыпӀэм и щӀым хеубыдэр Тэмбыкъан псыхъурейм и къуэкӀыпӀэ Ӏыхьэр. Абы къыщыщӀах ятӀэ пцӀа псыхъурей псыщӀагъым щӀэлъыр, санаториэхэм щхьа.

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын

ЯтӀэкъуэ и бжьыхьэ панорамэ

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын

Гулъытэгъуэхэр зэгъэзэхуэжын