Азиэ хыв
Азиэ хыв
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ХэкӀыгъуэ: ЛъапэтӀуанэхэ
Лъэпкъ: БжьэнэкӀхэ
Лъэпкъыгъуэ: Гухэ
ЛӀэужъыгъуэ: Азиэ хыв
Латин цӀэр
Bubalus bubalis (Linnaeus, 1758)
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 552476
NCBI 89462

Азиэ хыв (лат-бз. Bubalus bubalis) — лӀэужъыгъуэ азиэ хывхэм ящыщу. Унагъуэ гухэм яхэт псэушъхьэхэм и нэхъ ин. Псэушъхьэ зэфӀэувам и кӀыхьэгъыр метрэ 3 фӀэкӀыу щытыфыну. И лъэгагъыр метрэ 2 носыр, и хьэлъагъыр кг. 1000 нос, макӀыу 1200 хъуи щыӀэхэ, нэхъыбэм гу зэфӀэувам и хьэлъагъыр кг 900 хуэдиз. Бжъакъуэхэм я инагъыр м 2 носыр, гъэчауэ зэгуэкӀху, кӀыбымкӀэ гъэзаху щытхэ, пӀакӀэху. Джэмхэм я бжъакъуэхэр цӀыкӀуху щыт иэ я теткъым.

ШӀыпӀэ здэпсохэмрэ хъумэным и гузэвэгъуэхэмрэ

зэгъэзэхуэжын

Мы Ӏэсу хывхэр здэпсохэр Индиэм, Непалым, Бутаным, Таилэндым, Лаосым, Камбоджам, Шри-Ланкам джоуэ. ХХ лъэхъэнэм и кум нэс Малайзиэми щыпсоуахэ, ауэ джыпсту хыв мы Ӏэрысу къыщынэжьакъым. Хы тӀыгу Миндором (Филиппинхэм) специал хъумакӀуэ Иглит зицӀэм щыпсоуа хывцӀыкӀу лӀэужъыгъуэцӀыкӀу (В. b. mindorensis). Гукъэуэ, ауэ зэрыгугъэмкӀэ а лӀэужъыгъуэцӀыкӀур дунем къытенэжьакъым.

 
Берлин зоом яӀыгъ хывхэр

ТхыдэмкӀэ хывхэм я шӀыналъэр инышху щыт. Ди лъэхъэнэм и япэрей миным и кӀэдзэгъуэм азиэ хывым шӀыпӀэшхуэр иубыдт Месопотамиэм щыкӀэдзауэ Хъутэйм ипшъэ лъэныкъуэм нэс.

Езы псэушъхьэхэри цӀыхухэм яхуэсэжьа шъхьэкӀ, нэхъыбэм джыпсту здэпсо шӀыпӀэхэр хъумакӀу щытхэ. Азиэ хывыр XIX лъэхъэнэм Аустралиэм ирачахэ, яужым абым и ишъхъэрэ лъэныкъуэм куэду зэхэкӀахэ.

Азиэ къэралхэм азиэ хывхэм я шӀыпӀэмрэ я бжыгъэмрэ зэкӀэлъыпыту нэхъ цӀыкӀу мэхъу. Абы лажьэ зиӀэр я шӀыпӀэ яубыдыра, яву, губгъуэ яшъху, къуаджэхэр тӀысху. ШӀыпӀэ хуиту здэпсоуфынхэр нэхъри нэхъ макӀэ мэхъухэр. ФактхэмкӀэ Индиэмрэ Шри-Ланкамрэ хывхэр хуиту здэпсоуфын шӀыпӀу къэнэжьахэр къэралхэм я паркхэм (цӀэрыӀуэ къэрал парк Казиранга индиэ штат Ассамым де хыв гуп щопсо 1000 хуэдиз я бжыгъэр хъууэ). Непалымрэ Бутанымрэ я Ӏохур тӀэкӀу нэхъыфӀу щыт.

ПэмыкӀыу зэран яхуэхъур зэкӀэлъыпыту унагъуэ хывхэм зэрпыхьэхэр, я лъыр абым зэӀэгъэхьэр. КӀэлъыплъын абым гугъу Ӏэуэ къыкӀокӀыр хывхэм я гъунэгъу цӀыхухэр зэрыпсом шъхьэкӀэ я унагъуэ хывхэр шъхьэхуиту хъупӀэхэм дагъэкӀыу.

Зэрыпсохэр

зэгъэзэхуэжын
 
Махуэм и хуэбэгъуэр хывхэр псым хэсу яхьыр (ипшъэ Хъутэй)

Азиэ хывым и гъашъэр псым епхауэ щыт, псы хому ежэхым иэ псыхъурехэм. Пщэджыжьымрэ бджэхьэшъхьэмрэ шӀэӀэтауэ щыщытым дежь хывхэр хъупӀэхэм хэтхэ, икӀи псыудзхэр зэзэмызэкӀэ я Ӏусым и 70 %-у щыт, махуэм и хуабэгъуэр я шъхьэм нэхъ къыхэмыщу ятӀэ цӀынэм хотӀысхьэхэри хэсхэ.

Псэушъхьэ куэдхэм я гъунэгъуху ядопсохэ индиэ пэрфэбырхэм (къыздэнэжьахэм де - къэрал парк Казиранга Индиэм, парк Читуан Непалым). Абдежым хывым яуж ихьэр псыхэуэ хужьхэмрэ пэмыкӀ бзухэмрэ, я шъхьэхэмрэ я кӀыбхэмрэ тетӀысхьэху цӀэхэр къыхаху. Апхуэдэ къабзэ псыалыркъэчми ешъыр. Хывым и вэнвер сэбэпэгъуэ мэхъур, псы хывхэр зыхэсхэм хэхуа яуж удз къэкӀыгъуэм къышъхьэпу.

Нэхъыбэм хывхэр гуп мы ину зэхэтхэ, абыхэм зы гуужъ, гукӀэ зытӀущ, джэм зытӀущ шкӀэхэр ядэкӀыгъу хэтху. Зэхэтын хабзэ яӀэми абым и пылъыным яуж итхэкъым нэхъыбэм. Гуужъыр нэхъыбэм лъэныкъу зеӀыгъыр адрей псэушъхьэхэм я хэмыхьу, згуэрэ къатеу ешӀыпхъуахэмэ, гупым якӀэлъоплъ, джэм гуэрэхэр хэкӀауэ щытмэ и бжьакъуэмкӀэ еуэкӀыурэ гупым хехуэжьыр. Щежьэхэм идежь хабзу яхэлъ зэпамыуду: джэмыжъхэр ипэм иту макӀуэхэ, шкӀэхэр икум итхэ, икӀэм итхэр гукӀэхэмрэ джэмыкӀэхэмрэ. Згуэрэ къакӀалъежьэмэ гупыр пабжъэхэм холъадэ, хъурей-хъурейуэ жэжу, яужым къоувыӀэхэри я лъэужхэм тету яуж къыхьам йожэхэ.

 
Псыхэуэхэр хывхэм гъусу яхущыт счыгъуи

Гуужъхэр апхуэдизымкӀэ бзаджэ мэхъухэр я шэнкӀэ, нэхъыбэм гупым хокӀхэри язакъу мэпсохэ. Апхуэдэ хывыжъхэм хуэсакъу яхущытын хуэй, зэзэмызэкӀэ лажьи имыӀу цӀыхухэми ятоуэхэр.

Тропик лъэныкъуэм щыщ псэушъхьэхэм я нэхъыбэм хуэдуи азиэ хывхэм я зэпыхьэнымрэ лъхуэнымрэ гъэм и зэманым елъытакъым. Псэфу зэрщытыр махуэ 300-340 хуэдиз, яужым джэмым зы шкӀэ къэлъхур. ШкӀэм и цыр гъуэплъ-гъуэжьыфу щыт. Быдзычэм мазэ 6-9 хуэдиз кӀэс.

Псэушъхьэ зхуэсакъын хуэуэ куэд иӀэкъым хывым. къаплъэнымрэ щомышъымрэ зытеуэфхэр джэмыкӀэхэмрэ шкӀэхэмрэ, гу зэфэувар къаплъэнми и къэру къыхьынукъым. Абым емылъытауэ шкӀэхэм я нэхъыбэр зэхьыр хуэбэгъуэмрэ узхэмрэ.

Хывымрэ цӀыхумрэ

зэгъэзэхуэжын

Азиэ хывыр пэсырей зэман дыдэхэм къыщыкӀэдзауэ Ӏэсэ яшъат. Ӏэсэ хывыр нэхъ хому щыт и шэнымкӀэ мэз хывым елъытамэ, и бжъакъуэхэр нэхъ кӀэкӀ, и ӀэплъэпкъымкӀи емыхьчу щыт, нэхъ ныбэфу щыт мэз хывыр нэхъ зэкӀэшта и пкъымкӀэ.

Ӏэсэ хывыр Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм нэхъыбу яӀыгъ унагъуэ былымхэм ящыщ Индиэм, Ипшъэ Хъутэйм Малазиэ хы тӀыгухэм ядежь. Ӏэрысэ хыв куэд Ипшъэ Еуропэм щаӀыгъ, Урымым нэхъ бэуэ, лъэхъэнэ VIII-IX хьэрыпхэм ирачауэ хъун. Ӏэрысэ хывыр абым пэмыкӀыуи Японым, Гавайхэм, Америкэ Латиным ирачахэ. Пэсырей лъандэрэ хывхэр Къэукъаз лъэныкъуэхэми ягъэӀэсэ.

Куэду хывхэр лэжьыгъэ ӀохухэмкӀэ ягъэсэбэпхэр, нэхъыбэм прундж губгъуэлэжьыгъэхэм, пэмыкӀыуэ и шэм шъхьэкӀэ, ауэ хывым щанэк э нэхъ макӀэ шэуэ къыкӀэкӀыр жэмым нэхърэ. Абым емылъытауэ хывым и шэр нэхъ маеу щыт жэмышэм нэхърэ. Хывым и лыр шкӀэрами шабэкъым, абым шъхьэкӀэ шхыным макӀыу ягъэсэбэр.

Мы Ӏэсэ хывхэм яшъэкӀуэныр къадэкъым макӀыу къызэрнахэм шъхьэкӀэ. Аустралиэ къуэдем щымыхъукӀэ, уӀэгъэ хъуа хывыр къэрууншэкъым, куэду хуэсакъын хуэй уӀэгъэм нэхъри къызэкӀегъастэ псэушъхьэр.

Гулытыгъуэхэр

зэгъэзэхуэжын
  • Урым цӀэрыӀуэ кхъуэ «моцареллар» къызхашъыкӀыр хывышэра
  • Индиэм жэмыр ауш псэушъхьу къыздалъытэм и укӀынымрэ шхынымрэ къамыду былымыл куэду ящу бгъуэтыфыну. Гъэшъэгъуэн хэлъкъым абым - былымылыр хывылура, хывхэм ятехуэкъым дин хабзэр, икӀи хывылымрэ былымылымрэ ӀэфӀагъкӀэ зэшъхьэщокӀхэ, былымылым хуэдуи шъабу щыткъым хывым и лырэ
  • Ипшъэ-Азиэ къэрал бжыгъэм я лъэпкъ джэгухэм хыв зауэнхэр хэт, гуу нэхъ ин гъэсахэр абым шъхьэкӀэ къыхахурэ.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын


Last edited 6 years ago by YiFeiBot