Апартхейд
Апа́ртхейд, апартеи́д[1] (афр-бз. apartheid — «зэхэдза, зэхэгъэкӀа» — зэхэгъэкӀа псоукӀэ, лэжьэгъуэ пэмыкӀхэри абым хуэду) — официал политикэ расэ сегрегациэкӀэ, нэхъышъхьэ партиэ Ипшъэ Африкэ Республикэм (ИАР 1961 гъэм нэс цӀэ зэрихьатэр — Ипшъэ Африкэ Зэгуэтыгъуэ, ИАЗ) тетам Лъэпкъэгъу партиэм иригъэкӀуэкӀтэр.
НэхъышъхьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынИАР и апартхейдым бантухэм хухача резервациэхэм (бантустан) исынху хигъэзыхьыгъуэ ишът, а резервациэхэм езы ИАР-м елъытамэ шӀыпӀу яубыдыр тӀэкӀут, къэралым и 12 % хуэдиз. Резервациэхэм икӀыу, къалэшхуэхэм дэхьэн шъхьэкӀэ абым теухуауэ пӀалъэ яӀэн хуэйхэт (резервациэхэм щыщ джылэр пристиж зимыӀэ лэжьапӀэхэмрэ, ахъчэ макӀыу здат лэжьапӀэхэмрэ Ӏутхэт, нэхъыбэм сервисым зэпхахэм дежь). Апартхейдым и системэр щырагъэхьам негроид джылэ ИАР псоуахэр цӀыхупӀалъу хъуар ятрахауэ щытауэ къэплъытэ хъуну. КъазэраӀохутэмкӀэ, егъэджэнымрэ медицинэмрэ «зэхэгъэкӀами зэхуэдэкъабзэху» щытху, ауэ, негройдхэм ялъыстэр куэдкӀэ нэхъ Ӏэуэ щытт, еурэпейхэм ям нэхърэ.
Еуропей колониэхэм куэду къекӀуэкӀт «мы хужьхэр» пӀалъэншу яшъыныр, ауэ, Африкэм и деколонизациэм яуж апартхейдым и пэлитикэм хэту къалъытэн кӀадза.
Апартхейдым пэщытыну ЛъЗ-ым и япэрей Ӏохугъуэ хъуа 1970 - 1980 гъэхэм. ПэмыкӀыуи пэщытыным хэхьахэ адрей цӀыхухэм я пӀалъэм пылъ лъэпкъэгъухэр. Езы ИАР-ми лэжьыгъэ иригъэкӀуэкӀт пэщытыныгъэ лъэпкъэгъум. Апартхейдым и зэманыгъуэ кӀуэдыкӀэр зырапхыр Нелсон Манделам, Африкэ лъэпкъ конгрессым (АЛъК), коммунист партиэмрэ я Ӏохугъуэхэм. Яужым, Нелсон Манделам къихьа Нобел и шъыхь мамырыгъэмкӀэ и Ӏохугъуэм шъхьэкӀэ. АшэкӀэ пэщытыныгъэ АЛъК-м иригъэкӀуэкӀамрэ дунейпсо къэралым и теубыдыгъуэми емылъытауэ расизым екӀуэкӀар, апартхейдым и хэкӀуэдэгъуэр зэпхар еуропейхэр къэралым макӀэ зэрыхъуахэмрэ 21 % щыкӀэдзауэ 1940 гъэм 11 % нэс 1990 гъэм, апартхейд системэм и зэхэгъэкӀыгъуэ Фредерик де Клерк зэрригъэкӀуэкӀамрэ, къэралым и президенту тетыхукӀэ.
Апартхейдым и симболу къалъытэр хьэпсэ «Роббен Айлэнд», апархейдым и зэманыгъуэм политик бжыгъэхэр здаӀыгъар. Джыпсту хьэпсэр туризымым и зы япэрей пӀэуэ щыт ИАР-м.
Апартхейдыр къызхэкӀар
зэгъэзэхуэжынДжыпсту хэшъыкӀыгъуэ зэриӀэмкӀэ, япэреуэ псалъэ «апартхейд» (африкаанс бзэмкӀэ зэдзэкӀамэ — «зэхэгъэкӀа») къэзгъэсэбэпар 1917 гъэм Ян Христиан Смэтс, 1919 гъэм ИАР-м и примиер министру техьар. Апартхейдыр нэхъыбэм зэрапхыр ӀэнатӀэгъуэм африканерхэр нэхъыбу зэрхэтахэра 1948 щыкӀэдзауэ 1994 нэс, Британиэ империэр XIX лъэхъэнэм щыкӀэдзауэ негройдхэр иубыдт я шӀыпӀэхэм имыкӀыу Каап колониэмрэ Наталымрэ имыхьэнхэм шъхьэкӀэ, хужьхэмрэ къуэлэнхэмрэ здисхэтэм. Негройдхэм куэчын къуэдеиракъым яхуамыдэтэр, хуиту зы куейм икӀыу пэмыкӀым кӀуэн щытхэтэкъым, абым шъхьэкӀэ тхылъ къамыштауэ, пӀалъэ яӀан, ари счыгъуи яӀыгъын хуэуэ. Кейптаунымрэ Натал дэт къалэхэмрэ пӀалъэ яӀэтэкъым дыгъэр къуэхьа яуж Ӏогум дэкӀынху.
Абым хуэду, зэзэмызэкӀэ къалъытэ, апатхейдым и политикэр нэхъ зэкӀэкӀауэ, лъэурыжу щыту сегрегациэ еуропей ӀэнатӀэгъуэхэм ирагъэкӀуэкӀтэр Ипшъэ Африкэм. Абым ящыщу джыпӀэ хъуну ШӀыгум и акт 1912 гъэмрэ, «фӀыцӀэ африкан» лэжьакӀуэхэм я бжыгъэм пыубыдыгъэ зэриӀэмрэ. Ахэр къызхэкӀатэр зэгурӀуэгъуэкӀэ бурхэм, Трансваалым, Оранж хуит къэралым джоуэ Британиэ империэмрэ къыхэхам инджылыз бур зауэм яуж. ПэмыкӀ гупшысэгъу щыӀэр япэрейэ апартхейд къежьам мыхьэну зэрихьэтэр политикэ зэхэдзыгъуэра («апартхейдышхуэ»), мыхъумэ псомкӀи сегрегациэ яшъын («апартхейд цӀыкӀу»). Абым хуэду ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр щекӀуэкӀым Сметс и ӀэнатӀэгъуэ Зэгуэт партиэр хуабжу кӀэлъыплътэкъым сегрегациэ хабзэхэм зэрпылъхэтэр.
Къэралпсом хэхыгъэ ирагъэкӀуэкӀыным ипэм 1948 гъэм Лъэпкъэгъу партиэм (ЛъП) и нэхъышъхьэ лэжьыгъу игъувар апатхейдым и политикэра. ЛъП кэддыдэкӀэ къихьар яуж итахэм къемыхъуауэ хэхыным хэкӀа, Сметс и Зэгуэт партиэм текӀуэри коалициэ ӀэнатӀэгъуэ зэхагъэхьа Африканерхэм я партиэм дэкӀыгъу зи тхьэмаду тетар шоджэн Даниэл Малан.
ӀэнатӀэгъуэр гузэвэгъуэкӀэ апартхейд гъэзэнкӀэным яуж ихьа. Хабзэхэр къыдагъэкӀа: раса зэщымыщхэм щыщ цӀыхухэр зэрмычэну, раса классификациэ ирагъэкӀуэкӀын джылу хъуам. Апартхейдым и шъхьэгу хъуар 1950 гъэм хабзэ къыдагъэкӀара Гуп хэкухэм я хабзэ (Group Areas Act), гугъу я хэлъахэр расэ гупу зэхэгъэкӀыну джылэхэр. Апартхейдым и зэфӀэувэныгъэр къызхэкӀтэр антиколониал пэщытыныгъэ екӀуэкӀтэм Азиэмрэ Африкэмрэ я къэралхэм, ар гурышхъуэ ямышъу къагъэнэфынутэкъым Лъэпкъэгъу партиэм и зэхэтыкӀэм. Апартхейдым хужьхэм ядэӀэпыкъун хуейт я ӀэнатӀэгъуэр къаӀэкӀэнэн шъхьэкӀэ, «фӀыцӀэ» африканхэм пэубыдыгъуэ хуашъху шӀыпӀэ здэпсоунухэм я пӀэлъэмкӀэ ирагъэтӀысхьэху, яужым бантустан хуэду цӀэрыӀуэ хъуахэр. Абыхэм я кӀуэцӀым, африканхэм я политикэ тхьэмадэхэм я ӀэнатӀэгъуэм кӀэту, «фӀыцӀэхэм» я нэхъыбэ джылэр исын хуэйхэт, «хужьхэм» яӀыгъ шӀыпӀэхэм сервисымрэ индустриэмрэ зи лъэжьыгъэ хуэныкъуэхэрат къыранахэр. 1953 гъэм хабзэ къыдагъэкӀа зэхэгъэкӀа хуэныкъуэгъуэхэмкӀэ (Separate Amenities Act), абым зэхигъэкӀхэт хы Ӏуфэхэр, узыщхэр, еджэщхэр, университетхэр джоуэ. Паспортым и режимыр нэхъ гугъ яшъа: «фӀыцӀэ» африканхэм счыгъуи я паспэртыр яӀыгъын хуеуэ щытт, абым нэхъри нэхъ гугъ ишът я миграциэр «хужьхэм» я кърал лъэныкъуэхэм яшъын. А хабзэр къызэрежьэрэ «фӀыцӀэ» африканхэм пӀалъэ яӀэтэкъым тхылъ къыдамыхауэ «хужьхэм» я къалэхэм псоуныр щыгъэтауэ дэхьэн къуэдеи абыхэм. Къалэшхуэхэм дэсын пӀалъэ зыратхэтэр лэжьапӀэ абдежьым зиӀэхэрат, ауэ, я унагъуэм щыщхэм апхуэдэ пӀалъэ яраттэкъым.
Йоханнес Стрейдомым Малана яуж примиер министру техьар, «фӀыцӀэ» африканхэм мыкуэду пӀалъэ яӀэхэтэр хэхынымкӀэ ятриха. Япэ ита ӀэнатӀэгъуэр, 1951 гъэм, хабзэ дигъэкӀат хэхыныгъэ зэхэгъэкӀа джоуэ, ауэ, конституциэм темыху мэхьчэмэм ар Зэгуэт партиэм пиубыдри, хабзэр хахыжьа. Капа провинциэм и нэхъышъхьэ мэхьчэмэм яхуидакъым ар яшъэну, ауэ, Апеллациэ мэхьчэмэм я пыубыдыгъуэр къадиштэри а хабзэр мыхьэнэнху игъува, конституциэм зэхъуэкӀыныгъэ хэлъхьэн шъхьэкӀэ тхьэмадэхэм я 2/3 макъ хуэныкъуэт парламентым и лъэныкъуитӀм. Абы шъхьэкӀэ ӀэнатӀэгъуэм хабзэ къыдегъэкӀыр парламентым и нэхъышъхьэ мэхьчэмэм шъхьэкӀэ, парламентым пӀалъэ ириту мэхьчэмэм унафэ ишъар хуимыдэфу. Ар хабзэншу къалъыта Апеллациэ мэхьчэмэмрэ Капа провинциэм и мэхьчэмэмрэ. 1955 гъэм Стрейдом и ӀэнатӀэгъуэм игъэзэнкӀа Апеллациэ мэхьчэмэм тхьэмаду хэтын хуэйхэм я бжыгъэр тхум щыкӀэдзауэ пшъыкӀузым нэс, ахэри апартхейд хабзэхэм нэхъ хуэплъэкӀхэм ящыщху. А гъэ дыдэми Сенатым и хабзэ къыдокӀ, тхьэмадэ хэтхэм я бжыгъэр хигъахъу 49 щыӀар 89 носыр, икӀи, зэгъэзэхуэгъуэ ирагъэкӀуэкӀа яуж ЛъП-м пӀэуэ 79 къылъыса. ЯужкӀи парламент лъэныкъуитӀми я хасэм хабзэ къытагъэкӀ хэхыныгъэ зэхэгъэкӀам шъхьэкӀэ, абым теухуауэ Капа провинциэм зы тхылъ зэхагъэхьа «къуэлэн» хэххэм шъхьэкӀэ.
Апартхейдым и «нэхъышъхьэ хабзу» щытахэр:
- Хабзэм и гъэтэрэзыгъуэ лъэпкъ зэщымыщхэр зэрмычэнху (1949 гъ.)
- Хабзэм и гъэтэрэзыгъуэ хабзэзехьэнымкӀэ (1950 гъ.)
- А хабзэм Ӏэрубыд ишъхэт сексуал зэпылъа цӀыхухэр, раса зэщымыщхэм къыхэкӀахэр.
- Джылэ регистрациэм и хабзэ (1950 гъ.)
- А хабзэмкӀэ цӀыху къэс регистрациэ иӀэн хуэйт «хужьу», «къуэлэну» иэ «фӀыцӀу» щытмэ (Лъэпкъ партиэм и ӀэнатӀэгъуэм хигъэкӀа псалъэ «», япэкӀэ къагъэсэбэптэр цӀыху къэралыр зи шӀыналъу щытхэм шъхьэкӀэ, абым ипӀэкӀэ къагъэсэбэпу кӀадза псалъэр «банту»).
- Коммунизмым пэщытын хабзэ (1950 гъ.)
- А хабзэм ИАР-м и Коммунист партиэр зэхуишъат, абым пэмыкӀыуи, схуэдэ партиэ, зэхуэс, лъэпкъэгъуи зэхуишъыфынут, ӀэнатӀэгъуэм коммунизымым хуэплъэкӀыу къилъытатэмэ. ИАР КП хэтхэм хьэпсэм илъэсипшъ исыну къатехуэт. Хабзэр зи Ӏэдакъэ къыкӀэкӀар йустициэм и министр Сварт.
- Гуп хэкухэм я акт (1950 гъэ мэлыжъыхьым и 27)
- А хабзэмкӀэ къэралыр хэку зытӀущкӀэ гуэчат, хэку къэс зы расам лъысауэ. А хабзэр апартхейдым и пкъы хъуа, абы тетурэ политикэмрэ социал зэхэгъэкӀыгъуэмрэ зэрзэфӀэувар.
- Бантухэм езыхэм я ӀэнатӀэгъуэ яӀэну хабзэ (1951 гъ.)
- А хабзэм «фӀыцӀэ» африканхэм езыхэм я «ӀэнатӀэгъуэ» зэхигъэхьат.
- ПӀалъэншу унэ убыдынхэм я я пэщытыным и хабзэ (1951 гъ.)
- А хабзэмкӀэ ӀэнатӀэгъуэм пӀалъэ яӀэт, факъырэ хьэблэхэр трахыну, «фӀыцӀэ» африканхэр дзыдэсхэр.
- «ФӀыцӀэ» лъэжьакӀуэхэм я хабзэ, «фӀыцӀэхэм» я лэжьыгъэм шъхьэкӀэ и уасэ тын (1951 гъ.)
- А хабзэм «хужьхэм» я пшъэм ирилъхьэт африканхэр ягъэлэжьэну къаштэмэ здыкӀэсын унэхэр яшъыну, къалэдэсху яужми къалъыту.
- Сервис зэхэгъэкӀам и хабзэ (1953 гъ.)
- А хабзэм цӀыху раса зэщымыщхэм пӀалъэ яриттэкъым гупзэхуэсыгъэхэм сервис яӀэхэр зэдэкӀыгъу къагъэсэбэпыну (еджэщ, зыгъэпсэхупӀэ, пэмыкӀхэр)
- Бантухэм я егъэджэным и хабзэ (1953 гъ.)
- А хабзэм еджэщу хъуар африканхэр здеджэхэр ӀэнатӀэгъуэм кӀигъэхьахэ, шоджнхэм я еджэщхэр игъэкӀуэдауэ.
- Бантухэм я къалэ лъэныкъуэхэр (1954 гъ.)
- А хабзэм африканхэм я миграциэ къалэхэм екӀуэкӀыр иубыд хъуа.
- Шахтэхэмрэ лэжьакӀуэхэмрэ я хабзэ (1956 гъ.)
- А хабзэм пӀалъэ иритт расэ дискриминациэр ирагъэкӀуэкӀыну цӀыхур лэжьапӀэм щыӀухьэкӀэ.
- Африканхэм я ӀэнатӀэгъуэр нэхъыфӀ шъыным и хабзэ (1958 гъ.)
- А хабзэм бантустан кӀуэцӀхэм («фӀыцӀэхэм» шъхьэкӀэ къыхагъэкӀа куейхэр, абдежьхэм пӀалъэ яӀу) езыхэм я ӀэнатӀэгъуэр хилъхьат. Гугъэ рэрыщытамкӀэ яужкӀэ а куейхэр къэрал хуит хъун хуэйхэт, ауэ зэрекӀуэкӀымкӀэ ИАР-м и ӀэнатӀэгъуэм кӀэкӀхэтэкъым фармалу хутиныгъэ зыратахэтэми.
- Бантухэм я инфистициэ корпорациэхэм я хабзэ (1959 гъ.)
- А хабзэм мылъку бантустанхэм хуэгъэкӀуэным теухуат, лэжьапӀэ абдежьхэм шъыным шъхьэкӀэ.
- Университет егъэджэныр нэхъыбу шъыным и хабзэ (1959 гъ.)
- А хабзэм зэхэгъэкӀауэ ишъа университетхэр африканхэм, «къуэлэнхэм», индийхэм шъхьэкӀэ.
- Ресурс къэруугъуэм и зэгъэзэхуэгъуэ хабзэ (1967 гъ.)
- А хабзэмкӀэ ӀэнатӀэгъуэм пӀалъэ иритт индустриэм епхауэ хъуар «хужьхэм» я лъэныкъуэхэм ираху бантустанхэм я гъунапкъэхэм нэхъ игъунэгъу яхьын, абымкӀэ африканхэм я миграциэр нэхъ кӀэх яшъыну бантустанхэм, лэжьапӀэхэр абдежьым ягъуэтыным шъхьэкӀэ.
- Бантустанхэм я къэралыгъуэ хабзэ (1970 гъ.)
- А хабзэм бантустанхэм псо цӀыхухэм я пӀэр зэрихъуэкӀа: ИАР и къэралыгъуэр яфӀэкӀуэдахэт. Абым гугъу хэлъатэр «хужьхэм» я бжыгъэр нэхъыбэ хъуну я лъэныкъуэ здэпсохэм ядежь.
- Унафэ африкаансымкӀэ егъэджэныр егъэкӀуэкӀыным (1974 гъ.)
- А хабзэмкӀэ, бантустанхэм щымыщ лъэныкъуэхэм егъэджэныр зэрекӀуэкӀын хуэйтэр иныкъуэр инджылыбзэкӀэрэ иныкъуэр африкаанскӀэрэ.
Гулъытыгъуэ
зэгъэзэхуэжын- ↑ Тэрэз джэӀэкӀэ — апа́ртхейд — макӀыу бзэ гуэрэхэм къагъэсэбэпыр
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынСурэтхэр Уикисурэтылъэм? |
- Апартхейд. Системэм и тхыдэр (урыс.)
- Стив Бикорэ и хэлъхьэгъуэмрэ ипшъэафрикэ пэщытыныгъэм (урыс.)
- Дунейпсо лъэпкъэгъум и конвенциэр апартхейдым и зэраныгъуэм и пэщытыныгъэмрэ шъэжьынымрэ (урыс.)
- Шарпевил укӀыгъуэ — псыгуэчыгъуэр Ипшъэ Африкэм и тхыдэм (урыс.)
- ИАР и сайтым дежь апартхейдым теухуауэ (урыс.)
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |