Бжьэшх
Бжьэшх | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Merops apiaster Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Бжьэшх (лат-бз. Merops apiaster) — щу лъэпкъым хохьэ, нэхъ пӀащэхэм ящыщщ, бжэндэхъум хуэдизынщ.
И пэр Ӏувщ, мащӀэу къэгъэшауэ, кӀэ кӀыхь дахэщ. Жыгыщхьэпысщ, щӀылъэм щытӀысыр зэзэмызэ дыдэщ, жьажьэурэ зегъазэ, мэлъатэ. Хъум и теплъэр плъыжь-мамкъутыфэ, щхъуафэ мащӀэ къыщӀэурэ жыпӀэу. Нэхъ плъыфэщхулъащхьэр, жьэгъур, гъэр. Анэр гъуэжьыфэ-щхъуантӀафэщ. Щылъэтэжхэр хэкӀэсауэщ щакӀуэгъуэ-дыгъэгъазэм.
Ӏус нэхъыщхьэр бжьэ, хьэдзыгъуэнэ, гъудэбадзэ, пкӀауэ, цӀывхэращ. ГапкӀэрэ бжьаӀуэхэм ятеуэурэ зэран ин щырах щыӀэщ. АпщыгъуэкӀи ахэр гъэшынэгъуафӀэкъым, уеблэмэ фоч уэ макъым имыгъащтэу.
Бжьэшххэр щыӀэщ Еуропэм, Азиэм, Ишъхъэрэ Америкэм. Здэгъуалъхьэр мэзхэращ. Къаукъаз бжьэшххэр мэлъэтэж.
- «Бжьэ уиӀэмэ щунэфыр (бжьэшхыр) зи щӀысыр пщӀэнщ» — адыгэ псалъэжь.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.