Къазкъуэлэн
Къазкъуэлэн | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Tadorna tadorna Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||
|
Къазкъуэлэн (лат-бз. Tadorna tadorna) — бабыщ лъэпкъым щыщщ. Биологиэ лъэныкъуэмкӀэ мыр бабыщымрэ къазымрэ я зэхуаку мэхъу.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынКъуалэбзу пӀащэщ, губгъуэбабыщым нэхърэ нэхъ инщ ауэ къазплъыфэм нэхърэ нэхъ цыкӀущ. И теплъэр нэхъыбэкӀэ хужьщ, щхьэр, дамащхьэхэр — фӀыцӀэ лыдщ; пщэбгъу щӀагъыр, хулъэ гъунэхэр, дамащхьапэхэр, кӀэщӀагъыр — гуабжэщ; пэр — плъыжьщ, лъакъуэ кӀыхь плъыжьщ.
Здэпсэухэмрэ шэнымрэ
зэгъэзэхуэжынКъазхэм ещхь ещӀ зекӀуэкӀэмкӀэ: псынщӀэу, куэдрэ мэзекӀуэф, щылъатэкӀэ дамэхэр куэдрэ щӀиупскӀэкъым. Зэгуэгъуу мэпсэу. Щогъуалъхьэ Еуропэмрэ Азиэмрэ я щӀыпӀэ щхьэхухэм. Ущыхуозэ Ипщэ Хуэхуэлейм, Къаукъаз гъунэхэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм. ЩӀымахуэр щрех Хы ФӀыцӀэ, Хы Каспий Ӏуфэхэм. Къаукъазым къыщылъатэр зэзэмызэ дыдэщ. Абгъуэр щещӀ гъуэ ябгынэжахэм, хьэуазэ хьэвэхэм, псэуалъэ къамыгъэщхьэпэжхэм.
Ӏусыр
зэгъэзэхуэжынИ нэхъыщхьэ Ӏусу щытыр: псы псэущхьэ жьгъейхэр, къэкӀыгъэ жылэ, удзыпкъэ цӀынӀэ, тхьэпэщӀэхэращ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.