Къаргъэпагуэ
Къаргъэпагуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къэргъей теплъэхэр
Лъэпкъ: Къаргъей лъэпкъ
Лъэпкъыгъуэ: Къаргъейхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къаргъэпагуэ
Латин цӀэр
Falco subbuteo Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175654
NCBI 344233

Къаргъэпа́гуэ (лат-бз. Falco subbuteo) — къаргъей лъэпкъым щыщ бзу.

Falco subbuteo

И инагъкӀэ курытщ. ТхыцӀэр фӀыцӀэщ, бгъэмрэ ныбэщӀагъымрэ хужь-гъуафэщ, кусэ фӀыцӀэхэр къырехэу. Пэ кӀэщӀ гъэшащ. ИкъукӀэзызубгъуа лӀэужьыгъуэщ. Щопсэу ди къэралым Ӏыхьэ нэхъыбэм, Ищхьэрэ-КъуэкӀыпӀэ Африкэм, Азиэм и Ищхъэрэ лъэныкъуэм. Ищхъэрэ Къаукъазым мылъэтэжу бэгъуауэ щыӀэщ.

Щогъуалъхьэ мэзышхуэхэм. Мыбыи къаргъэжьейм хуэдуи, езым абгъуэ ищӀкъым, адрей къуалэбзухэм жыгыщхьэхэм щащӀауэ щытахэр къегъэщхьэпэ.

Ӏусыр — къуалэбзу жьгъейхэр, гъудэбадзэ.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.