Къащ
Къащ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къащ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къащхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къащ
Латин цӀэр
Certhia familiaris
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 178795
NCBI 73333

Къащ (лат-бз. Certhia familiaris) — къащ лъэпкъым щыщщ.

Certhia familiaris macrodactyla

Инкъым. ЩӀыбыр щхъуэ-гъуабжафэщ, хужь ӀэпапӀэ цӀыкӀухэр хэгъэтӀысхьащ, ныбэ щӀагъыр шылэ-хужьыфэщ, щхьэбгъухэм ирокӀуэкӀ кусэ хужь. ТеплъэкӀэ ещхь дыдэщ и лъэпкъэгъу къащныбэхум. Пэ кӀыхьщ, гъубжэ сурэту гъэшауэ.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Къаукъазым къинэмыщӀауэ щопсэу Урысейм, Еуропэмрэ Азиэмрэ я мэзхэм. Абгъуэ щещӀ жыг гъуанэжьхэм, пхъафэ къыкӀэрыкӀыпӀэхэм. ШыщхьэӀум и пэхэм ин хъуа я шырхэр ящӀыгъуу къащхэр гуп-гупу мэӀэпхъуэ шхын лъыхъуэу. Апщыгъуэм щыплъагъунущ паркхэм, жыг хадэхэм, псыӀуфэ зэщӀэкӀахэм.

Ӏусым нэхъыбэу хохьэ цӀыв, хьэпӀацӀэ жьгъей, нэхъ мащӀэу — бэдж, щыгъыныхь, н.къ. бжыхьэм куэду яшх удз жылэ. Къащхэр хуабжу мэщхьэпэ мэзым, жыг хадэм.


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.