Къуршбзуущхъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Жьыкъан лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къуршбзуущхъуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къуршбзуущхъуэ
Латин цӀэр
Monticola saxatilis
Linnaeus, 1766


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 561216
NCBI 429750

Къуршбзуущхъуэ (лат-бз. Monticola saxatilis) — жьыкъан лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Хъухэм я теплъэр зэхэдзащ къащхъуэу, гъуафэу, хужьу, фӀыцӀэу. Щхьэр, тхыцӀащхьэр къащхъуэщ, джабэхэр, бгъэр, ныбэ щӀагъыр гъуэщ, ӀэпапӀэ фӀыцӀэхэр хэсу.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Ди хэгъуэгухэм щыбэгъуащ, я зыныкъуэр мэлъэтэж. Щопсэу мэзхэм, жыг хадэхэм, паркхэм, чыцэ зэщӀэкӀахэм, мэз кусэхэм, тафэхэм, бгылъэ щӀыпӀэхэм. Ӏуащхьэмахуэ и нэӀухэм мэз здыкӀэрытым нэгъунэ уапэщӀохуэ. Мы лӀэужьыгъуэр апхуэдэ къабзу щопсэу Урысейм и ипщэ бгылъэхэм, Хуэхуэлейм къыщыщӀэдзауэ Байкал хыкъумым нэс, КъухьэпӀэ Еуропэм, Ищхъэрэ-КъухьэпӀэ Африкэм, Ипщэ-КъухьэпӀэ Азиэм.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.