Къыу
Къыу (лат-бз. Cygnus cygnus) — бабыщ лъэпкъым щыщ, къыу лъэпкъыгъуэм хэхьа лӀэужьыгъуэщ.
Къыу | ||||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||||
|
||||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||||
Cygnus cygnus Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||||
здигъуалъхьэр щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||||
|
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынКъуалэбзу пӀащэщ. И гъунэгъу дыдэ лӀэужьыгъуэ хьэдэкъазым хуэдизынщ, къешэч ч. 7-12, дамэ лъэныкъуэр см. 56-63,5. ЩескӀэ и пщэр занщӀэу иӀыгъщ. Теплъэр зэфэзэщу хужьщ, цы щабэ тетщ, лъакъуэ кӀэщӀщ, икӀэмкӀэ ехьэкӀащ. Дамэхэр инкъым, пкъым быдэу екъузылӀащ, мыпӀащӀэурэ йос. ЗекӀуэн фыуэ илъагъукъым. И макъыр жьгъыру лъэщщ. ИкъукӀэ сакъщ.
Здэпсэухэр
зэгъэзэхуэжынЩӀымахуэр щегъакӀуэ Хы Курыт, Хы Каспий щӀыналъэхэм, Ипщэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм. Щопсэу Еуразиэм и Ищхъэрэ лъэныкъуэм. Къаукъазым и щӀыпӀэ зэхуэмыдэхэм, къапщтэмэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и псы хуэм, хыкъум Ӏуфэхэм гъатхэ, бжьыхьэ лъэтэжьыгъуэ зэманым щалъагъу.
Абгъуэ абрагъуэр, м. 2,5-3 нэс зи къаухьыр, щеухуэ къамыл, ӀутӀанэ Ӏув зыӀут хыкъумхэм, хы Ӏуфэхэм. КӀэцӀыгъуэм анэм абгъуэц къызыхеч.
Ӏусыр
зэгъэзэхуэжынӀусыр псыудз лъабжьэ, псым хэс псэущхьэ жьгъейхэр.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.