Шэшэн Республикэ

‎(Мычгышей къызыхэкӀар)

Шэшэней, Шэшэн Республикэ (мыч-бз. Нохчийн Республика, Нохчийчьо, урбз. Чеченская Республика, Чечня) — республикэ Урысейм хиубыдэ. Къалэ нэхъышъхьэр — Грознэ.

ШэшэнРеспубликэ
мыч-бз. Нохчийн Республика
урбз. Чеченская Республика

Шэшэн Республикэм и нып Шэшэн Республикэм и дэмыгъэ
Шэшэн Республикэ на карте России
Къэрал уэрэд: «Шэшэн Республикэм и къэрал уэрэдыр»
Къалэ нэхъышъхьэр Грознэ
И инагъыр

- Псори
- % псым иубыдыр

75-нэ

17 300 км²
0,8

Джылэр

- Псори
- Джылэм и Ӏувагъыр

44-нэ

1 370 042 цӀыху (2010)
79,1 цӀыху/км²

ВРП

- Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ
- ЦӀыхум техуэр


65,6 млрд. руб. (2008)
53,6 мин руб.

Федерал куейхэр Ишъхъэрэ-Къаукъаз
Эконом куейхэр Ишъхъэрэ-Къаукъаз
Нэхъышъхьэбзэр урысыбзэ, мычгышыбзэ
Республикэм и тхьэмадэр Къадыр Рэмэзан
Хасэм и тхьэмадэр Хучиев Муслим
Парламентым и тхьэмадэр Даудов Мухьаммад
УФ-м и къэралым и кодыр 20, 95
Зэманыгъуэр MSK (UTC+3)
Шэшэн Уикисурэтылъэм

Хэкумэтхыр

зэгъэзэхуэжын

Шэшэн къэралыр Ишъхъэрэ Къаукъазым хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: къуэхьэпӀэмкӀэ — Ингушымрэ Ишъхъэрэ Осетиэмрэ, ишъхъэрэм — Ставропол къэралым, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Дагъыстэным, ипшъэмкӀэ — Курджейм.

ШӀыпӀэр ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ губгъу щыт (Тэрч губгъуэ), ипшъэмкӀэ къушъхьу, Къаукъаз Ӏуашъхьэшхуэхэр ирокӀуэ.

Псы нэхъ инхэр — Тэрч, Сунжа, Аргун. Мычгышейм и Веденской куейм Къозэн-Ӏэм (мыч-бз. Къоьвзанан Ӏам) псыхъурей дэт, Ипшъэ Къаукъазым и нэхъ ин, и нэхъ куу.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Шэшэн Республикэм и тхыдэ

Шэшэн Республикэм я хабзэкӀэ счыгъуи унагъуэ-лъэпкъэгъу (тейп) зэхэтхэт, ахэр тукхумху зэхэхьэжьху. Лъэпкъ нэхъ гъунэгу мычгышхэм яхущытхэр ингушхэра, зэхэтху лъэпкъ гуп мышкъышхэр мэхъухэ.

Курыт лъэхъэнэхэм Шэшэн Республикэм и шӀыпӀэр Аланиэм хиубыдэт. XIX лъэхъэнэм Урыс империэм и гъунапкъэхэр хигъэкӀуэтэн кӀедзэри Урыс-Къаукъа зауэр къыхокӀ абым. Шэшэныр а зауэр 1860 гъэм еухыр. Револуциэ 1917 гъэм щыӀэм нэс Мычгышейр Урыс империэм и Терскэ областым хэта.

ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ МИРССА-м и шӀыпӀэр джэрмэныдзэм оккупациэ ишъат, абым шъхьэкӀэ 1944 гъэм мычгыш джылэмрэ ингуш джылэмрэ Курыт Азиэм ирагъэкӀахэ, джэрмэныдзэм дэӀэпыкъуэгъу хуашъауэ тралъхьэри лъэпкъхэм. МИРССА-р ликвидациэ яшъри абым ипӀэкӀэ Грознэ област халъхьэ.

1957 гъэм МИРССА-р зафӀагъувэжь.

 
Грознэ къалэ 2006 гъэм, зауэ нэужым

1991 гъэм РССЗ-р зэгохур, къэралым и ӀэнатӀашъхьэр къэрууншэ мэхъур, Мычгыш Республикэ Нохчи-чо (Ичкериэ) къыхагъэкӀ, и тхьэмаду техьэр Дудай Джохар. Шэшэн Республикэм и хутыныгъэр дунейм и зы къэралым къилъытакъым Урысейри яхэту.

1994 гъэм Япэрей шэшэн зауэр йокӀуэкӀ, 1996 гъэм нэгъунэ, Хасавюрт тхылъхэр кӀэтхэнымкӀэ еухыр, абыхэм зэритымкӀэ Урысейм и дзэхэр Мычгышейм къыдичыжьын хуэйт. Къэралыр Ӏэуэ хэкӀуэдат зауэ нэужым.

1999 гъэм ЕтӀуанэ мычгышей зауэр кӀедзэ, 2000 гъэм нэс зауэр йокӀуэкӀ, Урысейм и ӀэнатӀэм кӀегъэхьэжь къэралыр.

2009 гъэм контыртеррор лэжьыгъэр щагъэтыжь, ауэ зауэ иухам хуэсакъыгъэ хузэрахьэ, иджыри къыздынэсым террористыгъэм и зэраныгъуэ куэду къонэ.

Къэрал-политикэ зэхэтыкӀэр

зэгъэзэхуэжын
 
Дмитрий Медведеврэ Къадыр Рэмэзанрэ

Хэбзэ нэхъышъхьу щытыр Конституциэ, 2003 гъатхэпэм и 23-м къыдагъэкӀар.

Шэшэн Республикэм и нэхъышъхьу щытыр президент (2011 гъэм щыкӀэдзауэ ӀэнатӀэпӀашъхьэм зэреджэнур тхьэмадэ). 2007 щыкӀэдзауэ къэралым и президентыр Къадыр Рэмэзан.

Парламентым 41 депутату хэт, илъэситхукӀэ хаххэр.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Шэшэн Республикэм и джылэр

Росстатым зэригъэлъагъуэмкӀэ, 2010 гъэм джылу дэсым и бжыгъэр 1 267 740 цӀыху хъут. Ӏувагъыр — 85 цӀыху/км². Къалэдэсу джылэм къахэкӀар 35,3 %.

Абсолуту джылэм и нэхъыбэр мычгышхэра (95,5 %). ПэмыкӀыу дэсхэр урысхэр, къумукъухэр, авархэр, нэгъуейхэр, ингушхэр.

2002 гъэмкэ лэпкъ дэсахэр
Лъэпкъ Бжыгъэр[1], мин цӀыху
Шэшэнхэр 1 031,6 (93,5 %)
Урысхэр 40,6 (3,7 %)
Къумукъухэр 8,9
Авархэр 4,1
Нэгъуэйхэр 3,6
Ингушхэр 2,9
Къэзанхэр 2,1
Тыркухэр 1,7
Гъэлъэгъуа лъэпкъхэр зи бжыгъэр
1000 фӀэкӀыра
Мин 10 фӀэкӀыу джылэ здыдэс хьэблэхэр
2009 щӀшылэм и 1-мкӀэ
Грознэ 250,8[2] Бачи-Юрт 17,0
Урус-Мартан 52,4[2] Мескер-Юрт 15,0
Шали 46,1[2] Ойсхара 14,5[2]
Гудермес 44,0[2] Гелдаган 13,0
Аргун 42,8[2] Самашки 12,0
Курчалой 23,0 Майртуп 12,0
Автуры 20,0 Алхан-Кала 15,0
Гойты 18,0 Ассиновскэ 11,0
Ачхой-Мартан 21,0 Атагиижь 12,0
Цоцин-Юрт 20,0 Аллерой 12,0
Тазбичи 0,5 Серноводскэ 10,0

Экономикэр

зэгъэзэхуэжын

Шэшэн Республикэм и нэхъышъхьэ лэжьыгъу экономикэр зпылъыр фатэгынымрэ гас къыкӀэхынымрэ елэжьынымрэ, абым пэмыкӀыу губгъуэ лэжьыгъэхэр. Мычгышейм и фабрикэхэр зауэ нэужым куэду хэкӀуэдахэ.

Администациэ гуэшыгъуэр

зэгъэзэхуэжын

Къэралым и къалэ нэхъышъхьу щытыр Грознэ, пэмыкӀыу къалэ джоуэ пӀэ зиӀэхэр хьэблэ Аргунрэ Гудермесрэ. АдминистрациэкӀэ Шэшэн Республикэр куеё 15 мэгъуэшыр.

Куей Къалэ нэхъышъхьэр  
Ачхой-Мартан Ачхой-Мартан
Ведено Ведено
Грознэ Грознэ
Гудермес Гудермес
Итум-Кале Итум-Кале
Курчалой Курчалой
Надтеречнэ Знаменскаэ
Наурскэ Наурскэ
Ножай-Юрт Ножай-Юрт
Сунженскэ Серноводскэ
Урус-Мартан Урус-Мартан
Шали Шали
Шарой Шарой
Шатой Шатой
Шелковскаэ Шелковскаэ

Гулъытыгъуэхэр

зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын