Мэзжьынду
Мэзжьынду
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: КӀукӀумяу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Мэзжьындухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Мэзжьынду
Латин цӀэр
Asio otus
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 177932
NCBI 111810

Мэзжьынду (лат-бз. Asio otus) — кӀукӀумяу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Asio otus otus

Теплъэр гъуэжьыфэщ, кусэ гъуабжэхэр къырехыу, щӀагъыр нэхъ тэхущ. Нэхэр, лъэбжьанэхэр — фӀыцӀэщ. ТхьэкӀумэ къыпфӀэщӀу щхьэщыгум цы Ӏэрамэ тӀурытӀ къыхопӀиикӀ. Щымыгъуазэм жьынду къыпфӀэщӀынущ, апхуэдизкӀэ абы ещхьщи, ауэ нэхъ цӀыкӀущ.

Здэпсэухэмрэ щэнымрэ

зэгъэзэхуэжын

Щопсэу Еуропэмрэ Азиэмрэ я мэзхэм. Здэгъуалъхьэр мэзырщ — адрей къуалэбзухэм я абгъуэу щытахэм, жыг гъуанэхэм, щӀыгум деж. Абгъуэм тесыр анэращ. Адрей кӀукӀумяу лӀэужьыгъуэхэм къагуэкӀыу, мэзжьындухэр щӀымахуэм зэрыӀыгъщ.

Къаукъазым щыпсэухэр лъэтэжкъым, ауэ мэӀэпхъуэхэр. Апщыгъуэм ахэр унэ жыг хадэхэм щыплъагъунущ, зы гупым къуалэбзу 8-12 хыхьэу, ауэ зэрыкӀэлъыплъымкӀэ, жыгышхуэхэм, щхьэкӀэ Ӏувхэм я деж, уеблэмэ 30 щӀигъу щызэхуэс щыӀэщ, зэгъунэгъуу, зэгъусэу махуэр щагъакӀуэ. ЦӀыхум ахэр щыщынэкъым икӀи гъунэгъуу зырагъэплъ. Дыгъэр къухьа нэужькӀэ зэрызурэ дэкъикъэ 20-30 я зэхуакуу щакӀуэ мэлъатэ.

Мэзжьындухэм я бийхэр апхуэдэу куэд хъукъым. Нэхъ шынагъуэр жьындухэмрэ кӀукӀумяу гъуабжэхэмрэщ.

Ӏус нэхъыщхьэр дзыгъуэхэкӀщ.

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.