Псыкъуаргъ
Псыкъуаргъ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Alcedo atthis Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||
|
Псыкъуаргъ (лат-бз. Alcedo atthis) — псыкъуаргъ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынТхыр, щхьэр — къащхъуэ-лыдщ; жьэгъур, бгъэгущхьэр, ныбэ щӀагъыр — улиягъуафэщ. Лъакъуэ плъыжьщ, дамэбгъуэ кӀэщӀщ, пэ кӀыхь захуэщ.
Здэпсэухэр
зэгъэзэхуэжынЩопсэу Еуропэм, Африкэм, Азиэм я щӀыпӀэ щхьэхухэм. Щогъуалъхьэ нэпкъ задэ псы хуом Ӏуфэхэм, чыцэ, жыг зэщӀэкӀахэр зыӀутхэм. И нэхъыбэм абгъуэр псыщхьэ нэпкъым щащӀ ихьэпӀэр къудамэхэм ягъэпщкӀуу, абы «гъуэкӀэ» уеджэмэ нэхъ хуэфащэщ, и гъэпсыкӀэр апхуэдэщи. Хъури анэри зэдэӀэпыкъуурэ, нэпкъым пэкӀэ къыщырауд бгъуэнщӀагъ см. 30-100-м нэс кууагъыу, къыраудар лъэбжьанэкӀэ къыратхъуурэ. Ар илъэс бжыгъэкӀэ къагъэсэбэп. Гъэм тӀо къраш. Ди псыӀуфэхэм, псалъэм папщӀэ: Балъкъ, Бахъсэн, ИнжыджцӀыкӀу, Инжыджышхуэ, Псыжъ, Шэрэдж, Тэрч я деж мылъэтэжу щопсэу. Я бжыгъэкӀэ курытщ.
Ӏусыр
зэгъэзэхуэжынӀус нэхъыщхьэр бдзэжьейщ. Яшх гъудэбадзи, хьэмблыуи, псы псэущхьэ цӀыкӀуфэкӀухэри.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.