Сыр-сыр
Сыр-сыр | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Gallinago gallinago Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Сыр-сыр (лат-бз. Gallinago gallinago) — сыр-сыр лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ

Теплъэр Edit
БзуупцӀэм хуэдизынщ. Теплъэр фӀыцӀэ-гъуабжафэщ, кусэ гъуэжьыфэхэр, хужь-гъуафэхэр ирехэу хэлъу. Ныбэ щӀагъыр хужьыфэщ, хулъащхьэмрэ бгъэгумрэ гъуэжьыфэ мащӀэ къыщӀэуэу, кусэ фӀыцӀэхэри хэлъу. Пэ кӀыхьщ.
Здэпсэухэр Edit
Еуропэмрэ Ипщэ Азиэмрэ хуабжьу зыщызубгъуа лӀэужьыгъуэщ. Къаукъазыкум куэду уащыӀуощӀэ гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ щыблэлъэтыкӀкӀэ, ауэ щыгъуалъхьэхэкъым. ЩӀымахуэр здырах щӀыпӀэхэм ящыщ КъаукъазщӀыбагъыри, ауэ нэхъыщхьэу здэлъэтэжхэр Африкэм и щӀыпӀэ щхьэхухэмрэ Ипщэ Азиэмрэщ.
Ӏусыр Edit
Ӏусым хохьэ хьэмбылу, цӀыв, хьэндырабгъуэ, мащӀэу удз жылэ. ЩышхэкӀэ сыр-сырым куэдрэ ятӀэ хъудырым, е псым и пэр хеӀу, хьэмбылу цӀыкӀу сыт къыпэщӀэхуэмэ и пӀэр къимыӀэту ирегъэнтӀрэх.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр Edit
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.