Фикъ
Фикъ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къуаргъ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къуаргъхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Фикъ
Латин цӀэр
Corvus cornix
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 179740
NCBI 181098

Фикъ (лат-бз. Corvus cornix) — къуаргъ лъэпкъым хыхьэ лӀэужьыгъуэщ.

Clamator glandarius + Corvus cornix

ПӀащэщ. Щхьэр, жьэгъур, дамэхэр, кӀэр — фӀыцӀэщ, адрейхэр щхъуэщ.

Щопсэу Еуропэм, Азиэм я щӀыпӀэм зэхуэмыдэхэм. Щогъуалъхьэ мэзхэм, паркхэм, псэупӀэ унэхэм я гъунэгъуу, къамыл кӀырхэм. Ищхъэрэ Къаукъазым къызэрыкӀуэщ, лъэтэжкъым.

Щэнымрэ Ӏусымрэ

зэгъэзэхуэжын

Мы къуалэбзу пӀащэр дэни щыплъагъу, узыпыщӀэхуэщ. Урысейм и Еуропэ Ӏыхьэ къуэдейм щопсэу мелуан 20-м щӀыгъу. Апхуэдизу щӀэбэгъуам и щхьэусыгъуэу къалъытэр щӀыпӀэ, щыӀэкӀэ зэхуэмыдэ ину мыхьэмышх лъэпкъ зэримыщӀыращ, зэгъэсэным, нэхъ ехъулӀэхэм я гъэунэхуныгъэр къэгъэсэбэпыным зэчий зэрыхуиӀэращ. Жьэм жьэдэхуэну ирамыгъэнтӀрэхынкъэгъуэтыгъуейщ. Фикъыр губзыгъэщ, дыгъуэрабзщ, шынэ зымыщӀэ, ауэ сакъщ, джэгурейщ, куэд зыфӀэхьэлэмэтщ.


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.