Хьэщомыщ
Хьэщомыщ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
ХэкӀ: ШэрыпӀхэр
ХэкӀыгъуэ: Псэущхьэшххэр
Лъэпкъ: Джэдухэр
Лъэпкъыгъуэ: Пантерэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Хьэщомыщ
Латин цӀэр
Panthera tigris
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 183805
NCBI 9694

Хьэщомыщ е Къаплъэн (лат-бз. Panthera tigris) — псэущхьэшх шэрыпӀхэм ящыщ джэдуушхуэщ, пантерэ лъэпкъым къахэкӀыу.

Мы лӀэужьыгъуэхэм ящыщхэм къахокӀ джэду лъэпкъым щыщ нэхъ индыдэ псэущхьэхэр. Хьэщомыщыр дунейм и нэхъ ин псэущхьэшххэм ящыщщ, япэ итхэр и инагъкӀэ мыщэхэращ (хужьымрэ гъуабжэмрэ). КъыхагъэкӀщ лӀэужьыгъуэ къуэдзиплӀ, абыхэм ящыщу XXI лӀэкӀыгъуэм къынэсар хы къуэдей, я бжыгъэр мин 4-6,5 фӀэмыкӀыу[1], абыхэм я нэхъыбэр бжыгъэкӀэ бенгал хьэщомыщыращ, зэщӀеубыдэр 40% лӀэужьыгъуэ псом и бжыгъэм.

Дунейпсом хъумэнхэм я тхылъым хатхащ XX лӀэщӀыгъуэм, 2012 гъэм къызэрнэхумкӀэ хьэщомыщхэм ещэкӀуэныр теубыдауэ щытщ дунейпсом.

Хьэщомыщыр нэхъ ин икӀи нэхъ хьэлъэщ джэду лъэпкъым яхэтхэм, ауэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэр ину зэщхьэщокӀхэ инагъымрэ хьэлъагъымрэкӀэ. ЩӀылъэм щыпсэухэр нэхъ инхэщ хытӀыгухэм щыпсэухэм ялъытамэ. ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэ нэхъ индыдэхэр амур хьэщомыщымрэ бенгал хьэщомыщымрэ, а лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм я хъухэр м 2,3-2,5 нэсыфыну я щӀыхьэгъыр (кӀапэр абым хэмыту), ч 270-300 фӀэкӀыу къашэчу.

Ӏэплъэпкъым и щӀыхьэгъыр кӀапӀэр хэмыту лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм зэщхьэщокӀыр метрэ 1,4 къыщыщӀэдзауэ 2,9-м нэсэу. КӀапӀэр см 60-100 хуэдизщ. Нэхъ индыдэу къэгъэунэхуа щӀыхьагъыр Ӏэплъэпкъым см. 317 (амур хьэщомыщым ей) кӀапӀэм дэщӀыгъуу см 420.

Жалым и лъэгагъыр м 1,15. Хъу зэфӀэувам къешэч ч 180 къыщыщӀэдзауэ 250 нэс. Къэунэхуауэ щытщ хьэщомыщ хъу щыӀэу я хьэлъагъыр ч 325, 340, 350, 360 хъухэу, ауэ я пэжыгъэр а хъыбархэм захуэу щӀэныгъэлӀ псоми къалъытэкъым. Бенгал хьэщомыщыр и нэхъыбэм къешэч ч 220, хьэщомыщ ищхъэрэ Индиэмрэ Непалымрэ щыпсэухэм къашэч ч 235 хуэдиз. Бзыхэр гу лъыптэу нэхъ цӀыкӀухэщ бенгалхэмрэ амурхэмрэ я лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм, я хьэлъагъыр ч 100-181 хъууэ. Иджырей лӀэужьыгъуэ къуэдзих щыӀэмкӀэ къэплъытэ хъунущ хъухэм къашэчу и нэхъыбэм ч 170 хуэдиз, бзыхэм ч 115 хуэдиз.

Нэхъ хьэлъэдыдэу гъэунэхуар амур хьэщомыщ цӀыхум я Ӏыгъауэ, къишэчырт ч 423.

Хьэщомыщыр и ӀэплъэпкъкӀэ щэджащэщ, щӀыхьщ, джанщ. И гупэмкӀэ нэхъ лъэшу щытщ и кӀэмкӀэ нэхъ, жалыр нэхъ лъагэщ тхыӀунэм нэхърэ. КӀэр щӀыхьщ, цыр щӀыхьэгъкӀэ зэщхьэщымыкӀыу, зэхуэдизу тету.

И гупэ лъакъуэхэм лъэпхъуамбэ тхурытху япыт, и кӀэмкӀэ плӀырыплӀ, псоми лъэбжьанэ зыхишэ яӀэу.

Щхьэм напэр фӀыуэ къыхощыр, натӀэри къыхэкӀыу ину[2]. Щхьэр инщ, щхьэ къупщхьэр лъэшщ, жьэпхъуэбгъухэр жыжьэу зэпэшылъыу. ТхьэкӀумэхэр инкъым, хуэхуреуэ щытхэщ. Щхьэбгъум жьакӀэ тетщ. ПащӀэцхэр кусэ 4-5 тетщ, хужхэщ, я лъабжьэм дежкӀэ зэзэмызэ гъэбжафэу, быдэхэщ, я щӀыхьагъыр см 16,5 нэсу. Нэкугъуэр хъурей, нэ гъунэр гъуэж[2].

Хьэщомыщ пӀащэм адрей джэду лъэпкъэгъухэми хуэдэу дзэ 30 иӀэщ. ДзапэфӀанэ къыбгъурыт хырых жьэбгъум хэтщ (ищхьэмкӀи ищӀагъымкӀи); хьэдзитӀ; жьэкъупщхьэм премоларищрэ зы моларрэ, жьэбгъум премоларитӀрэ зы моларрэ. Дзэхэм я тхыпхъэр:  .

Хьэдзэхэр фӀыуэ зэфӀэтхэ, я щӀыхьагъыр см 8 носыфхэр[3] къахуэщхьэпэр фӀыуэ щэкӀуэным. Бзэгу иным, щӀыхьым и бгъухэмкӀэ бэгуфэ мыинхэр яӀу, абым кератин дия телъщ, абымкӀэ лъыр къупщхьэм къыкӀэрехыр, абым нэмыщӀу а бэгуфэхэр зыщитхьэкӀкӀи къегъэщхьэпэщ.

Цыр щӀыхькъым, Ӏувкъым, кӀэщӀу щытщ ипщэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм яр; ищхъэрэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм яр Ӏуву кӀыхьу щытщ. Фэм и теплъэр нэхъыбэкӀэ гъуэплъыфэ-гъуэбжафэу щытщ: ныбэр, бгъэгур, лъакъуэбгъухэр нэхъ нэху щытщ. Абым нэмыщӀу нэху ӀэпапӀэхэр тхьэкӀумэ щӀыбагъхэм яӀэщ. ЩӀыфэм кусэхэр ирокӀуэ, гъуабжэм къыщыщӀэдзауэ фӀыцӀэм нэсу я фэр. Пкъымрэ пщэмрэ кусэхэр къохыр захуэу. Езы пкъым кусэхэм я ныкъуэр щӀагъ дыдэм къехыфынухэ, адрейхэр тхымкӀэ дэкӀуейфыну, е ныбэщӀагым нэсу къоххэр. Кусу хъуар, гу лъытыгъу, я щӀагъ иухыпӀэм деж памцӀу щытхэщ, зэзэмызэкӀэ дыкъуакъуэхэу яужкӀэ, иухыпӀэм идеж зы хъужхэу. ТхыӀунэмкӀэ кусэхэр нэхъыбэ мэхъухэ. ТхыӀунэм деж къыщыщӀадзэ кусэхэр куэм и щӀыбагъкӀэ йокӀуэкӀхэ е куэм и кум деж зэпоудхэр. Кусэ гуэрэхэр, лъэдийм и щӀэдзэгъуэм щынэскӀэ къагъэшри лъакъуэ кӀуэцӀымкӀэ йокӀуэкӀхэщ[2].

Напэр, пэгъуанэ щӀагъым, пащӀэ хэтыпӀэхэм, жьэпкъым, жьэгъум деж хужьщ, Ӏупэ щӀагъымрэ жьэ гъунэмрэ ӀэпапӀэ фӀыцӀэ иӀэхэм щымыхъукӀэ. НатӀэр, щхьэхупцӀапцӀэр, щхьэщӀыбыр кусэ фӀыцӀэ кӀэщӀ бжыгъэкӀэ зэхэлъщ. ТхьэкӀумэ щӀыбагъым деж куэдхэм кусэ щӀыхь къыщӀедзэ, пщэмкӀэ къехэу и тэмакъым къынэсу. Щхьэм и гъунэхэмрэ жьакӀэхэмрэ хужьхэщ, кусэ зытӀущ яхэлъу. ТхьэкӀумэм и гупэкӀэ цы хужь тетщ, щӀыбымкӀэ сыт щыгъуи фӀыцӀэщ, ӀэпапӀэ хужьышхуэ и щхьэмкӀэ хэсу[2].

КӀапэр сыт щыгъуи фӀыцӀэщ, кусэ зэщӀэлъыпыту кӀуэхэм уэгу ящӀыу. КӀэм кусэхэм я бжыгъэр и нэхъыбэм пщӀы мэхъур, ауэ зэзэмызэкӀэ 8-9 е 11 щыхъуи къохъур[2].

Фэм тет кусэхэм я теплъэмрэ я зэхуакум дэлъ бгъуагъымрэ зэщхьэщокӀ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм, ауэ хьэщомыщхэм я нэхъыбэм я кусэ бжыгъэр 100 фӀокӀыр[3]. Хъухэмрэ бзыхэмрэ кусэ тхыпхъэмкӀэ зэщхьэщыкӀыгъуэ яӀэкъым.

Кусэ-тхыпхъэр зэи зэхуэду щыткъым, псэущхьэ къэс и тхыпхъэр нэгъуэкӀщ, абым папщӀэ псэущхьэр и тхыпхъэмкӀэ къыхэпщӀыкӀ хъунущ, абым хуэдэщ цӀыхум и ӀэпапӀэри. Ар зэзэмызэкӀэ щӀэныгъэлӀхэм къагъэщхьэпэр псэущхьэхэм щащӀэлъыплъым деж. Кусэхэм я нэхъыщхьэ мыхьэнэр хьэщомыщыр щы щакӀуэм идеж зыхэт пабжьэ-удзхэм къыхэмыщыну аращ.

Гу лъытыгъуэ хьэщомыщым и фэ теплъэр къыдоӀэпыкъур папжьэхэм къыхэмыщыу хэтыну. ЩӀыпӀэ здэщыщым елъытауэ я теплъэр зэщхьэщокӀыр, абым папщӀэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэри зэхагъэкӀыр.

Цыми хуэдэу кусэ тхыпхъэр фэми тетщ, къапщтэмэ абыхуэдэу, хьэщомыщым и цыр щамэ, цы фӀыцэ здытетам деж фэри фӀыцэу щытыну, гъуэжьым — гъуэжь, цы къытекӀэжьынури тетам хуэдэ къабзу, тхыпхъэр зэримыхъуэкӀыу[4].

Хъухэм я лъэужьыр нэхъ ин икӀи нэхъ щӀыхьщ бзыхэм ям елъытамэ, Ӏэпхъуамбэ курытхэр нэхъ къыхэщу япэ къыхокӀхэр. Лъэужьым и инагъыр см 15-16 щӀыхьагъуу, см 13-14 бгъуагъу хъухэм; см 14-15 щӀыхьагъуу, см 11-13 бгъуагъу бзыхэм[2].

Хьэщомыщхэм жэщкӀэ фӀыуэ ялъагъур, гупшысыгъуэ гуэрэхэмкӀэ дунер къуэлэнуи ялъагъур. Пантерэ лъэпкъым ящыщ псом хуэдуи хьэщомыщхэм я къурмакъей зэфӀэтыгъэмкӀэ мэгъуахъуэф, ауэ щыгъуахъуэхэр нэхъыбэкӀэ щызэпыхьэ зэманыгъуэращ.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Хьэщомыщыр Азиэ къуэдем щыпсэу лӀэужьыгъуэщ. ТхыдэмкӀэ щӀыпӀэ зэщӀиубыдэтэр (иджыпсту ину зэщхьэщыдзауэ, жыжэу зэпэщылъ щӀыпӀэ мыинхэр) КъуэкӀыпӀэ Жыжэм къыщыщӀэдзауэ Къажэрыр, Афганистэныр, Хъутейр, Индиэр, Ипщэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм и къэралхэр хиубыдэт.

Я щӀыналъэр здыхэлъыр Хъутейм и ищхъэрэ лъэныкъуэра, къыщызэфӀэувар абдежым илъэс милуанитӀкӀэ узэӀэбэкӀыжмэ. Илъэс минипщӀкӀэ узэӀэбэкӀмэ, хьэщомыщхэр ипщэ лъэныкъуэмкӀэ пхырыкӀын щӀадзащ, Гималай къущхьэхэмкӀэ, апхуэдэу Индиэ псом, Малай хытӀыгуныкъуэм, Суматра, Ява, Бали хытӀыгухэм пхырыхьаху хъуащ. ЛӀэщӀыгъуэ зытӀущкӀэ зэӀэбэкӀыжамэ хьэщомыщхэр щыпсэуэ щытахэщ Къазахъстэным, Ищхъэрэ Къажэрым, Амур псым и пэм, Зонд хытӀыгухэм. Иджыпсту а щӀыпӀэ псом и нэхъыбэм хьэщомыщхэр цӀыхум къелакъым; бжыгъэкӀэ я нэхъыбэхэр къыздэнар: Индиэм, Малай хытӀыгуныкъуэм. 1995 гъэмрэ 2005 гъэмрэ я зэхуакум хьэщомыщхэр здэпсэуа щӀыпэр 40% нэхъ мащӀэ хъуащ Азиэм; зэрыхъумкӀэ, нобэ, псэущхьэхэм щӀыпӀэ яубыдыр пэсырейм елъытамэ 7% мэхъу къуэдей[5].

Хьэщомыщхэм я псэупӀэ щӀыпӀэхэр куэду зэщхьэщокӀыр: тропик мэзхэм щыщӀэдзауэ, мангрэ псыпцӀэхэмрэ шамбыр пабжьэхэмрэ, тафэ гъущэхэмрэ, кумхэмрэ, бгылъэхэмрэ ищхъэрэ мэздэгухэмрэ. Къущхьэхэм м. 3000 хуэдизым я лъэгагъэу дэкӀуейхэр.

ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэхэр

зэгъэзэхуэжын

ЛӀэужьыгъуэ къуэдзу бгъу къыхагъэкӀыр, абыхэм ящыщ щыр дунем тетыжкӀым цӀыхум и ӀэщӀагъэу.

  • Амур хьэщомыщ (лат-бз. Panthera tigris altaica) — и нэхъыбэкӀэ щопсэу Урысейм и Приморскэ краймрэ Хабаровск краймрэ, мащӀэдыдэу Хъутейм и ищхъэрэ-къуэкӀыпӀэмрэ Ищхъэрэ Кэреймрэ. Яужырей бжыгъэхэр щыщэӀам (1996 гъэмрэ 2005 гъэмрэ [6][7]) къагъэунэхуа я бжыгъэр 480-520 хъууэ, зы щӀыпӀэм исхэу, зэпхырымдзахэу, абым папщӀэ а гупыр дунейм и нэхъ индыдэу мэхъур[8]. Амур хьэщомыщыр нэхъ индыдэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм ящыщщ. Мы къуэдзэм гу лъытыгъу адрейхэм ялъытамэ цы Ӏув, щӀыхь тетщ, и теплъэкӀэ нэхъ фагъуэу, кусэхэм я бжыгъэри нэхъ мащӀэу. Амур хьэщомыщыр джэду лъэпкъми и нэхъ инхэм ящыщщ: и шыр илъэсныкъуэ хъур и инагкӀи и хьэлъагъкӀи щомыщ зэфӀэувам хуэдизщ.
  • Бенгал хьэщомыщ (лат-бз. Panthera tigris tigris) — хьэщомыщ бжыгъэ зэщӀэзубыдэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэщ, Индиэм, Бангладешым, Непалым, Бутаным щыпсэуэ. ЩӀыпӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэм щопсэу мэздэгухэмрэ тафэ игъущыкӀахэмрэ щыщӀэдзауэ мангрэхэр хиубыдэу. Бенгал хьэщомыщхэм я нэхъыбэр щӀыпӀэ Тераи Дуарым щопсэухэр. Индиэ Ӏэтащхьэм къызэриӀуохумкӀэ, лӀэужьыгъуэ къуэдзэм и бжыгъэр 3,100-4,500 мэхъур, абыхэм ящыщ 3,000 Индиэм щыпсэуху[9], ауэ, индиэ щӀэныгъэлӀ куэдым абым хуэарэзыкъым, я бжыгъэр куэду къегъэхъуауэ ялъытэу. НэмыщӀ къэӀуэхугъуэхэмкӀэ, хьэщомыщхэм я бжыгъэр Индиэм 2,000 нэхъри нэхъ мащӀэу щытыфынэу[10], бжыгъэр лъэужхэмкӀэ ирагъэкӀуэкӀащ, апхуэдэм деж я бжыгъэр къегъэхъуауэ къыхэкӀыфыну хэукъуэгъуэ иӀэу. Мы лӀэужьыгъуэ къуэдзэр нэхъ индыдэу щыт щхьэкӀэ и бжыгъэкӀэ, ари кӀуэдыфынухэм яхэтщ цӀыхухэм зэраукӀымрэ, я псэупӀэр мэкъумэшым зэрхагъыхьэм папщӀэ. МэзгъэфӀэн Сариксам щыщ хьэщомыщу хъуар бракониерхэм яӀэщӀэкӀуэдауэ щытащ. 1972 гъэм Индиэм унафэ къыдегъэкӀ мэзгъэфӀэн хъумэнымкӀэ, мыхьэну зэрихьэр псэущхьэр къэралым щыхъумэн, къинэжьын. А Ӏуохугъэм и хьэтыркӀэ хьэщомыщхэм я бжыгъэр 1,200 хъутэр 1970 гъэхэм 3,000 хъуащ 1990 гъэхэм[11]; А проэктыр дунем и зы нэхъ узыншэхэм ящыщу яужым къалъытащ. Бенгал хьэщомыщхэм я хъухэм къашэч ч 205-227 хуэдиз, бзыхэм ч 140-150 хуэдиз. Бенгал хьэщомыщхэр Ищхъэрэ Индиэмрэ Непалымрэ щыщхэр нэхъ пӀащэщ ипщэ лъэныкъуэм щыпсэухэм ялъытамэ, ипщэм щыщ хъухэм къашэч и нэхъыбэм ч 235 хуэдиз.
  • Корбета и хьэщомыщ (лат-бз. Pantera tigris corbetti) — щопсэу Камбоджэм, ипщэ Хъутейм, Лаосым, Тайлэндым, Малайм, Виетнамым. ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэм и бжыгъэр тэрэзу гъэунэхуауэ щыткъым, гупшысыгъуэкӀэ 1,200 къыщыщӀэдзауэ 1,800 носыр, нэхъ тэрэзу абым къалъытэр нэхъ мащӀэращ. Нэхъыбэдыду псэущхьэхэр здэпсэур Малайращ, а хэкум бракониер Ӏуохугъуэр ӀэнатӀэм лъэшу пеубыдыр, абым папщӀэ псэущхьэхэр мащӀэдыдэ щэкӀуэным хэкӀуадэр, ауэ тӀум щӀыгъуи я бжыгъэр нэхъ мащӀэ мэхъур я псэупӀэхэр цӀыху мэкъумэщыкӀэхэм, псэупӀэхэм зэраубыдым папщӀэ. Виетнамым щыщ хьэщомыщхэм я ещанэ ныкъуэ бжыгъэра къэнэжар, псэущхьэхэр цӀыхухэм яукӀащ,я кӀуэцӀфэцӀхэр хъутей Ӏэзэгъуэм щхьэкӀэ ящэжын. ТеплъэкӀэ корбета и хьэщомыщыр нэхъ щӀынфу щытщ адрей лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм ялъытамэ. Хъухэм къашэч ч 150-190 хуэдиз, бзыхэм ч 110-140 хуэдиз.
  • Малай хьэщомыщ (лат-бз. Panthera tigris jacksoni) — Малака хытӀыгуныкъуэм деж, Малай хэкум фӀэкӀа нэмыщӀ щӀыпӀэхэм щыпсэукъым. Мы лӀэужьыгъуэ къуэдзэр къыщыхагъэкӀар 2004 гъэращ (япэкӀэ корбета хьэщомыщ къуэдзэм хабжэт) щӀэныгъэлӀ гупым лэжьыгъэ ирагъэкӀуэкӀамкӀэ Стивен О'Брайен и ӀэнатӀэм щӀэту. Яужырей къэлъытыгъуэм къызэрыунэхуамкӀэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэм и бжыгъэр 600-800 хуэдиз мэхъур, апхуэдэу мы къуэдзэр ещанэ мэхъур и бжыгъэкӀэ.
  • Суматра хьэщомыщ (лат-бз. Panthera tigris sumatrae) — хытӀыгу Суматрам фӀэкӀа щыпсэукъым. Лъэужьыгъуэ къуэдзэм и бжыгъэр 400-500 хуэдизу къалъытэр, я нэхъыбэр мэзгъэфӀхэм щопсэухэр. Яужырей генэ зэгъэзэхуэгъуэм къызэригъэунэхуамкӀэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэм псом хуэмыдэ генэ маркер яӀэщ, абым къызэрыхэкӀымкӀэ къуэдзэм щхьэху лӀэужьыгъуэ джэду лъэпкъым щыщу къыхэкӀыфэнущ дияпэкӀэ, лӀэужьыгъуэ къуэдзэр мыкӀуэдмэ! Къуэдзэм нэхъыщхьэу зэран къыхуэхъур, зыгъэкӀуэдыр и псэупӀэхэр зэрхэкӀуадэращ, мэз здыщӀэсхэр ирахщ Суматрэ хытӀыгум, абым нэхъыбэу 1998 гъэм щыщӀэдзауэ 2000 гъэм нэгъунэ хьэщомыщ 66 (ар къуэдзэм и 20%) бракониерхэм яукӀащ. Суматрэ хьэщомыщыр лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм я нэхъ цӀыкӀудыдэщ, хъухэм къашэч ч 100-130, бзыхэм ч 70-80 хуэдиз. Къуэдзэм и цӀыкӀуагъыр зытеухуауэ къалъытэр Суматрэ мэздэгухэм щыпсэуным къыхэкӀауэ. 2007 гъэм мазаем и 3-м зы псэф хьэщомыщ къуажэ Рокан Хилир деж цӀыхухэм къаубыдат, дуней-псэущхьэ хъумэн ӀэнатӀэгъуэм и унафэкӀэ хьэщомыщ бзыр мэзгъэфӀ Богорым (Ява хытӀыгум щыӀэм) яшэри яутӀыпщащ[12].
  • Хъутей хьэщомыщ (лат-бз. Panthera tigris amoyensis) — псом нэхърэ нэхъ мащӀэдыдэу къэнэжьа лӀэужьыгъуэ къуэдзэщ, хъункӀи мэхъур хиту псэухэм ящыщ къэмынэжауэ. Нэхъ цӀыкӀухэми ящыщщ, хъухэмрэ бзыхэмрэ я кӀыхьагъыр м. 2,2-2,6 мэхъур. Хъухэм къашэч ч 127-177; бзыхэм ч 100-118 хуэдиз. 1977 гъэм хъутей ӀэнатӀэгъуэм унафэ къыдигъэкӀащ хьэщомыщхэм ещэкӀуэныр триубыдэу, ауэ мыхьэнэ къихьыжакъым абым, яужырей хьэщомыщыр 1994 гъэм яукӀащ. НобэкӀэ хъутей хьэщомыщ 59 зоопаркхэм яӀыгъщ (а псори Хъутейм), ауэ а 59 хьэщомыщихым къатекӀахэщ, абым папщӀэ я генэ зэмылӀэужьыгъуэр бэгъуауэ щыткъым. 2008 гъэм щыщӀэдзауэ Хъутей ӀэнатӀэгъуэр пылъщ хьэщомыщхэр мэзхэм ирагъэщӀыжьын-щӀагъэтӀысхьэжьыным[13].

ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэ кӀуэдахэр

зэгъэзэхуэжын
  • Бали хьэщомыщ (лат-бз. Panthera tigris balica) — Бали хытӀыгу мыиным щыпсэуащ. ЩакӀуэхэм ягъэкӀуэда къуэдзэщ. Яужырей хьэщомыщ бзыр 1937 гъэм фӀокӀадэм и 27 яукӀащ, хытӀыгум и къухьэпӀэ лъэныкъуэм[14].
  • Зонд хьэщомыщ (лат-бз. Panthera tigris sondaica) — индэнезиэ хытӀыгу Явам щыпсэуащ. ХэкӀуэда щыхъуар 1980 гъэхэращ, щэкӀуэнымрэ и псэупӀэ убыдынымрэ къемылауэ. КӀуэдын щыщӀидзар 1950 гъэхэм деж хъунщ, абым щыгъуэ Явэм хьэщомыщхэм я бжыгъэр 25-м нэсат. Яужырей щхьэху хьэщомыщыр щалъэгъуар 1979 гъэм.

Теплъэхэм я фэхэр

зэгъэзэхуэжын

Хьэщомыщ хужьыр

зэгъэзэхуэжын
 
Хьэщомыщ хужьхэр

Хьэщомыщхэм гулъытэгъу мутациэ яӀэщ, псэущхьэхэм я фэр хужьу щыту — бенгал хьэщомыщхэр, езыхэр хужьу, я кусэхэр фӀыцӀэ гъуэбжафу, я нэхэр щхъуантӀэу. Щхьэху псэу псэущхьэхэм апхуэдэ теплъэ зиӀэхэр мащӀэдыдэщ, ауэ ар зиӀэр бжыгъу къахокӀщ цӀыхухэм яӀыгъхэм. Зы хьэщомыщ хужь къыхокӀ 10,000 псэущхьэ гъуэжьхэм[17]. Хьэщомыщ хужьхэр фӀыуэ мэпсэуф Ӏэлу, быни ягъуэтыфыр. Япэреуэ абыхэм теухуауэ къэӀуэхугъуэ щыщэӀэр 1951 гъэращ, абым щыгъуэ зы щакӀуэ хулъхугъэм хьэщомыщ бзым и гъуэм къырихат зы шыр хужь. Яужьым а хьэщомыщыр пагъэхьа зы бзы гъуэжьм, къилъхужьа шыриплӀ, плӀыри гъуэжьу. Зэман дэкӀауэ хьэщомыщ хужьыр и зы пхъухэм пагъэхьащ, шырищ къилъхуащ, а щым тӀур хужьхэт. Хьэщомыщ хужь цӀыхухэм яӀыгъу хъуар зы псэущхьэм къытекӀауэ щытхэщ[18]. Иджыпсту зоохэм, дунейпсом, хьэщомыщ хужьу 130 хуэдиз яӀыгъщ[19][20].

 
Хьэщомыщ дыщафэ

Хьэщомыщ дыщафэ

зэгъэзэхуэжын

Дыщафэ лӀэыжьыгъуэ — нэхъ мащӀэдыдэу къахэкӀ теплъэ хьэщомыщхэм. Япэрейуэ и къэӀуэхугъуэр къыщыхэкӀ зэманыр XX лӀэщӀыгъуэм и щӀэдзэгъуэм щыщщ[21]. Япэреуэ гупшысыгъуэ къыхэкӀамкӀэ зэралъытэтэр апхуэдэ теплъэ зиӀэ псэущхьэхэр ятӀэгъуэ гъуэжькӀэ бэгъуа щӀыпӀэхэм щыпсэухэрат, я теплъэр хэгъуэщыхьыным папщӀэ щы щакӀуэхэм деж. Ауэ а гупшысыгъуэр иджыри къыздынэсым захуэ хъуакъым.

ИджыпстукӀэ цӀыхухэм яӀыгъ дыщафэ теплъу псэущхьэ 30 хуэдиз, хьэщомыщ хужьхэми хуэдэу, дыщафэхэм я нэхъыбэр бенгалхэм къатекӀауэ аращ.

Махуэми жэщми зэхуэду бэлэрыгъщ. Нэхъ щӀасэу щыщакӀуэр, пщэдджыжым, бжыхьэщхьэм, жэщым. Махуэм деж и нэхъыбэкӀэ гъуэм щожейр. Ину хэбэкъукӀыу зэкӀуэщ. Жыгхэм дэпщэйкъым (шыр ч 60 фӀэмыкӀхэм щымыхъукӀэ, илъэситӀым нэмысахэу)[22]. Псым щышынэкъым, фӀыуэ йос. Ипщэ лъэнъыкъуэм щыпсэу лӀэужыгъуэхэр хуабэдыдэ щыхъу зэманыгъуэм загъэпскӀыныр яублэ. ЩӀыӀэр фӀыуэ ирахыр, гугъ ятемылъыу. Илъэсым тӀо цы япхъыж — гъатхэпэм, фокӀадэм.

И нэхъыбэкӀэ хьэщомыщыр псэущхьэ щэхущ, макъ къыщыӀукӀыр мащӀэщ. Щыхуэж зэманым щыгъуэ къуэдей хъухэм зыкъагъащӀэ гъуахъуэнкӀэ. Псэущхьэ гуэрэм щытеуэкӀэ е щыбзаджэм мащӀэу, щэху мэгъуахъуэ[22]. Хьэщомыщыр псом хуэмыдэу щэн хэлъщ щыхьхэм, кхъуэхэм нэмыщӀ псэущхьэшхуэ инхэм, цӀыхухэм я лъэужьхэм, гъуэгухэм тету къикӀухьын[22].

Хьэщомыщ пӀащэхэр щхьэху мэпсэухэр, езыхэм я щӀыпӀэ-хапӀэм пылъхэу, яхъумэу. Я щӀыпӀэхэр зэщымыщу зэрар ягъэунэхур. Я мэмкӀэ зэрагъэунэхур нэхъыщхьэу щытщ хьэщомыщхэм деж. Гъутхьэпс мэр нэхъыбэу къытранэ жыгыпкъхэм, къырхэм, папжьэ щхьэху щытхэм. ИкӀи япэ щыкӀэ пкъыгъуэм йопэмхэр, яужым щӀыбкӀэ зыхуагъазэри, я кӀэр занду яӀэтыр. ЗэзэмызэкӀэ хьэщомыщхэм жыгхэм зыщӀэракухьыр е я пкъыр ӀэбжьанэкӀэ зэхафыкӀэ.

Я щӀыпӀэм и инагъыр куэду зэлъытар здэпсэум, шхыныр куэду игъуэтмэ, хъухэм деж бзыхэр щӀыпӀэм исмэ. Хьэщомыщ бзым и щӀыпӀэр км² 20 хуэдиз хъуфынущ, хъухэм яр куэду нэхъ инщ, км² 60-100 хуэдиз мэхъур. Зы хъум и щӀыпӀэм деж бзы зытӀущым я щӀыпӀэ щхьэхухэр хэтыфынущ. Я екӀуапӀэхэр, гъуогухэр я щӀыпӀэхэм зэи зэрахъуэкӀкъым. Хьэщомыщ бзыхэр зэзэмызэкӀэ зэныкъуэкъу зэзауэ щхьэкӀэ я щӀыпӀэхэр зэхэхьу щытыфыну, апхуэдэм деж нэхъыбэм псэущхьэхэр зэщымыхьу псэуным пылъхэ; хъухэрамэ зэи къагъэхъукъым я щӀыпӀэм нэмыщӀ хъу исыну[23].

Хьэщомыщ хъухэр бзаджу я щӀыпӀэр яхъумэ папщӀэ, псэущхьэ куэд уӀэгъэ мэхъур щызэфӀэнэхэкӀэ, зэзэмызэкӀэ зэзауитӀым я зыр хокӀуадэ. Ауэ зэбэубыдыгъэм я нэхъыбэхэм макъ гъуахъуэнкӀэ, увыпӀэкӀэ зэхокӀыжьхэ. Хъухэр зэпэубыдыгъэ ямыӀэу бзыхэм ящӀыгъу за щӀыпӀэм зэдопсэуфхэ, абым нэхъыбэу я шхын Ӏыхьэ хухагъэкӀыу къаубыдамкӀи. Бзыхэри абым хуэдэ къэрабзу Ӏэхьэ хагъэкӀыфыр хъум щхьэкӀэ, абым нэхъыбэу, бзыр нэмыщӀ бзыми шхын Ӏэхьэ иритыфыну, хъухэрамэ зэи нэмыщӀ хъум и шхын иритынукъым.

 
Хьэщомыщым щыхь къиубыдауэ

Хьэщомыщхэм я нэхъыщхьэ Ӏусыр Ӏэщщ; бенгал хьэщомыщыр нэхъыщхьэу зэщакӀуэхэр щыхь лӀэужьыгъуэхэр, мэзыкхъуэхэр; амур хьэщомыщым щыхь лӀэужьыгъуэхэр, мэзыкхъуэхэр, бжьо; абым нэмыщӀу хьэщомыщхэр йощэкӀуэфхэ Ӏэщ инхэм — хыв, гаур, бланэ хуэдэхэм. ЗэзэмызэкӀэ хьэщомыщхэр йощакӀуэ псэущхьэ ятемгъэпсыхьахэм — нумин, мэзджэд, тхьэкӀумэкӀыхь, бдзэжьей хуэдэхэм. Хьэщомыщым и ныбэр ирикъуным папщӀэ илъэсым Ӏэщ 50-70 хуэдиз хуэныкъуэщ.

Къэгъэунэхуауэ щытщ хьэщомыщхэм нэмыщӀ псэущхьэшххэри зэраукӀыр, абыхэм яхэт дыгъужьхэр, щомыщхэр, блэшхуэхэр зэзэмызэкӀэ архъуэжьи щиукӀ мэхъур. Амур хьэщомыщым и бий мыщэхэр, щызэныкъуэкъухэр я псэупӀэхэм бжыгъэщ, къэӀуэхугъуэ бжыгъэ щыӀэщ хьэщомыщыр мыщэ шырхэр щиукӀ, мыщэ пӀащэхэри иукӀыу къохъур. Гималай мыщэрэ мыщэ гъуабжэрэ и Ӏус Ӏыхьэ 5-8% мэхъур амур щомыщым, нэхъыбэм ахэр зыукӀыр хъу пӀащэхэращ. Малай мыщэр, и щэнӀкэ бзаджэр, зэзэмызэкӀэ хьэщомыщхэр я шхыным къыкӀэрехухэщ, ауэ езыр къыщыкӀэрахур нэхъыбэу къохъур. Малай хьэщомыщхэр а мыщэхэм фӀэкӀа ямыщакӀуи мэхъур.

Индиэ пыл пӀащэхэм хьэщомыщыр япэлъэшкъым, абым папщӀэ япэкӀэмыхуэным пылъхэщ, ауэ пыл шырхэр щаукӀ мэхъур. Абым нэмыщӀу хъыбар къэгъэунэхуа щыӀэщ хьэщомыщым пэбжьэ бзы пӀащэ иукӀыфауэ. Унэ псэущхьэхэм щатеуи мэхъур: хьэхэм, жэмхэм, шыхэм, шыдхэм. КъэкӀыгъэ шхын: дэхэр, удзхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр щашхыр гъэмахуэ къуэдейра[24].

И щӀыпӀэ псэупӀу хъуам хьэщомыщыр псэущхьэ нэхъ лъэшдыдэу щытщ, мащӀэдыдэщ нэмыщӀ псэущхьэу къыпэщыувэфхэр. ЗэзэмызэкӀэ къыпэувэфхэм ящыщыр хьэ лъэпкъым щыщхэра, гупышху щакӀуэхэр, абыхэм яхуэдэщ дыгъужь плъыжьыр. Зэ тӀысэгъу хьэщомыщым ч 30-40 лыуэ ешхыфыр. Хъу пӀащэхэм ч 50 хуэдиз яшхыфщ[25]. Щыхь е кхъуэ иукӀам деж хьэщомыщыр махуэ зытӀущкӀэ Ӏусыфынущ. Ӏус щамыгъуэт зэманыр гугъ емыхьу ирахыфыр, я фэ щӀагъым щэ щӀэлъым папщӀэ, амур хьэщомыщым ием и Ӏувагъыр см 5 носыф.

ЦӀыхур хьэщомыщым зэрещакӀуэм папщӀэ, и псэупӀэхэри зэрыкӀуэдым щхьэ я бжыгъэр къэмыувыӀэу нэхъ мащӀэ мэхъур. Гулъытыгъуэ гуэрэхэмкӀэ, псэущхьэхэм я бжыгъэр, лӀэщӀыгъуиткӀэ узэӀэбэкӀыжмэ 95% нэхъыбэу щытащ. Ӏэлу псэу псэущхьэхэм я бжыгъэр, лӀэужьыгъуэ къуэдзу хъуар зэхэту, мин 4-6,5 хуэдизу къалъытэ. Нэхъыбэдыду хьэщомыщхэр къыздэнар Индиэращ, минрэ ныкъуэрэ хуэдиз Виетнамым, Лаосым, Таилэндым, Хъутейм, Миянмам щопсэухэщ. Ипщэ Хъутейм щыпсэу хьэщомыщым и бжыгъэр 30 нэскъым, амур хьэщомыщым и бжыгъэр 450 хуэдиз мэхъур. Дунейм къытенэжакъым лӀэужьыгъуэ къуэдзищ Ява, Бали хытӀыгухэмрэ щыпсэуа къуэдзэхэмрэ Виргата хьэщомыщымрэ.

ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэр Нэхъ мащӀэ бжыгъэу
гулъытыгъуэу
Нэхъ куэд бжыгъэу
гулъытыгъуэу
Амур хьэщомыщ 450 530
Бенгал хьэщомыщ 1300 2000
Корбета и хьэщомыщ 600 1200
Малай хьэщомыщ 600 650
Хъутей хьэщомыщ 20 30
Суматра хьэщомыщ 400 500
Балий хьэщомыщ — (дунем тетыжкъым)
Ява хьэщомыщ — (дунем тетыжкъым)
Виргата хьэщомыщ — (дунем тетыжкъым)

Хьэщомыщымрэ цӀыхумрэ

зэгъэзэхуэжын

Хьэщомыщым и ещэкӀуэныр

зэгъэзэхуэжын

Ижь и жьыжь лъандэрэ цӀыхур хьэщомыщым ещакӀуэт, къуентхъ бэлыхьу къалъытэу иджыри къыздынэсым.

Пэсырей Корейм, щакӀуэ тегъэпсыхьахэрат хьэщомыщым ещакӀуэхэтэр, езы щакӀуэнми хабзэшхуэхэр хэлът: хьэщомыщым и цӀэр къаӀуэ хъунутэкъым, щы щакӀуэхэм деж псалъи хъунутэхэкъым[26]. Щыгъыныр зэрахьэр цӀыху хъуам ям хуэдэтэкъым, чэсей щхъуантӀэм къыхэха джанэрэ пыӀэ щхъуантӀэрэ шыгъэ къуэлэнкӀэ гъэдэхауэ зэрахьэт, абым нэмыщӀу, сыт щыгъуи яфӀэлът хьэджэшымкӀэ щӀа шыгъэ. Я шхыным хьэщомыщ лы хэлъын хуейт. ЩакӀуэхэм ӀэнатӀэшхуэ яӀэт, корей къэралыгъуэм, уасэ зыри яттэкъым пщыгъуэм[26].

Гулъытыгъуэхэр

зэгъэзэхуэжын
  1. The IUCN Red List of Threatened Species, accessed on 2009-10-06
  2. 2.0 2.1 2.2 2.3 2.4 2.5 В. Г. Гептнер, Н. П. Наумов. Млекопитающие Советского Союза. Хищные (гиены и кошки). — Мэзкуу: Школ нэхъыщхьэ, 1972 гъ. — Т. 2.(урыс.)
  3. 3.0 3.1 Кузнецов Б. А. Определитель позвоночных животных фауны СССР Часть 3: Звери. Мэзкуу: «Просвещение», 1975 гъ. Нап. 200, теплъэ игъусэу.
  4. John Seidensticker. Riding the Tiger. Tiger Conservation in Human-dominated Landscapes. Кембридж университетым и тхылътедзапӀэ. 1999 гъ.
  5. Science Band 313 (Heft 5786), 20. Juli 2006, S. 419
  6. The Caspian Tiger — Panthera tigris virgata. 2009-10-06
  7. The Caspian Tiger at www.lairweb.org.nz 2009-10-06
  8. Graham Batemann. Die Tiere unserer Welt Raubtiere. Verlag. Bertelsmann. 1986
  9. EXPLORING MAMMALS, Marshall Cavendish, Marshall Cavendish Corporation, John L Gittleman
  10. Task force says tigers under siege. Indianjungles.com 2009-10-06
  11. Matt Wade. Threat to a national symbol as India's wild tigers vanish. The Age (Melbourne).
  12. Cracraft J., Feinstein J., Vaughn J., Helm-Bychowski K. Sorting out tigers (Panthera tigris) Mitochondrial sequences, nuclear inserts, systematics, and conservation genetics. 1998. Нап. 139—150. Animal Conservation 1]
  13. Rare China tiger seen in the wild. BBC News
  14. Buzas, B. and Farkas, B. 1997. An additional skull of the Bali tiger, Panthera tigris balica (Schwarz) in the Hungarian Natural History Museum. Miscellanea Zoologica Hungarica Vol 11 pp: 101—105.
  15. Mitochondrial Phylogeography Illuminates the Origin of the Extinct Caspian Tiger and Its Relationship to the Amur Tiger. 2009-08-30.
  16. The Caspian Tiger at www.lairweb.org.nz 12 October 2007
  17. White Tigers 2009-10-06. 404.
  18. Thornton, I.W.B. 1978. White tiger genetics-further evidence. J. Zool. 185:389-394
  19. Snow Tigers. 2009-08-30. 404
  20. The white tiger today and the unusual white lion. 2009-08-30. [1] 2011-08-18
  21. Golden Tigers and Genealogies 2009-08-30. [2] 2011-08-18
  22. 22.0 22.1 22.2 Строганов С. У. Звери Сибири. Хищные. РССЗ щӀэныгъэ Академиэм и тхылътедзапӀэ. 1962. Нап. 421-426; 460.
  23. Thapar, Valmik. The Tiger’s Destiny. London. Kyle Cathie Ltd: Publishers. 1992.
  24. Флинт В. Е., Чугунов Ю. Д., Смирин В. М. Млекопитающие СССР. ТхылътедзапӀэ "Наука". 1965. Нап. 440
  25. Sunquist, Mel and Fiona Sunquist. 2002. Wild Cats of the World. University Of Chicago Press, Chicago
  26. 26.0 26.1 Корей хьэщомыщым теухуа хъыбару хъуар. 2011-08-18