Жьэдзыуэин
Жьэдзыуэин
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Лъэхьэнцэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Жьэдзыуэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Жьэдзыуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Жьэдзыуэин
Латин цӀэр
Pelecanus crispus Bruch, 1832


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 174692
NCBI 36300

Жьэдзыуэин (лат-бз. Pelecanus crispus) — жьэдзыуэ лъэпкъым и нэхъ пӀащэщ, зазубгъуащ, бжыгъэкӀи тӀэкӀу нэхъыбэщ.

Pelecanus crispus

Дамэ укъуэдияхэр м. 2 нос, къешэч ч. 12-13. ТеплъэкӀэ гу лъыптэу къыщхьэщокӀ жьэдзыуэм: абы плъыфэ щӀэткъым, щхьэми пщащхьэми цы кӀыхь утӀэрэзахэр ятетщ.

Урысейм деж щогъуалъхьэ Хы ФӀыцӀэ, Хы МыутӀэ, Хы Каспий я псы хэлъэдапӀэхэм, апхуэдэуи — Еуропэм, Курыт Азиэм, Къаукъаз ЩӀыбым я хыкъумышхуэ Ӏуфэхэм. ЩӀымахуэр щырах Хы Каспийм и ипщэ Ӏуфэхэм, нэхъыбэм Азиэм, Ищхъэрэ Африкэм я щӀыпӀэ щхьэхухэм.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.