КӀах Адыгэбзэ
КӀахыбзэ йэ КӀах псалъэ (ин-бз. West Circassian, урбз. Адыгейский язык) — шапсыгъхэм, абдзэххэм, натхъуэджхэм, бжъэдыгъухэм, кӀэмыгуейхэм я тхыбзэр зэрзэфӀэтыр. Адыгеймрэ Хы ШӀуцӀэ Ӏуфэмрэ щыпсэу адыгэхэм я бзэ.
КӀахыбзэ | |
---|---|
Къэралхэр: | Урысей (Адыгэ Республикэ, Краснодар щIыгу), Тырку, Йордан, Исраел |
Ирипсалъэхэм я бжыгъэр: | ~500,000 |
Классификациэ | |
Категориэ: | Еуразиэм и бзэхэр |
Ишъхъэрэкъаукъаз унагъуэшхуэ (псом къамылъыта) | |
Тхыбзэр: | кирилл хьэрыф |
Бзэ кодхэр | |
КъэралСтандарт 7.75–97: | каа 250 |
ISO 639-1: | — |
ISO 639-2: | ady |
ISO 639-3: | ady |
КӀахыбзэ ДиалектхэрEdit
- КӀахыбзэ
- Хы Шӏуцӏэм идэжь ӏутыхэр
- Нэтхъуаджэбзэ
- Шапсыгъэбзэ
- Шапсыгъэ шху (Шапсыгъэмэ ячӏыгужъ ыпшӏэ)
- Кӏэмгуе-шапсыгъ (Шапсыгъэмэ ячӏыгужърэ Кӏэмгуемэ ячӏыгужърэ языфагу)
- Шапсыгъэ-цӏыкӏу (Шапсыгъэмэ ячӏыгужъ ычӏэгъ, Хы Шӏуцӏэм идэжь)
- Кфар Камэм ишапсыгъэбзэ
- ХьакӀуцубзэ
- Псыжъым идэжь ӏутыхэр
- Хы Шӏуцӏэм идэжь ӏутыхэр
ТхыпкъылъэрEdit
КӀэмгуэй хьэрыфылъэ ( КӀах тхыбзэр зытет )
А а | Б б | В в | Г г | Гу гу | Гъ гъ | Гъу гъу |
Д д | Дж дж | Джъ джъ | Дз дз | Дзу дзу | Е е | Ё ё |
Ж ж | Жъ жъ | Жъу жъу | Жь жь | З з | И и | Й й |
К к | Ку ку | Къ къ | Къу къу | КI кI | КIу кIу | |
Л л | Лъ лъ | ЛI лI | М м | Н н | О о | |
П п | ПI пI | ПIу пIу | Р р | С с | ||
Т т | ТI тI | ТIу тIу | У у | Ф ф | ||
Х х | Ху ху | Хъ хъ | Хъу хъу | Хь хь | ||
Ц ц | Цу цу | ЦI цI | Ч ч | Чъ чъ | ЧI чI | |
Ш ш | Шъ шъ | Шъу шъу | ШI шI | ШIу шIу | Щ щ | |
Ъ ъ | Ы ы | Ь ь | Э э | Ю ю | Я я | |
I | Iу |
а [a] макъ кIыхьыр къегъэлъагъуэ. Ипэм щитым деж адрей бзэхэм къызэрыщеджэм хуэдэкъым. Псалъэм папщIэ, урысыбзэкIэ арбуз жаIэу ятхыр адыгэбзэкIэ Iэрбуз жыпIэу тхын хуейщ.
э [ă] макъ кIэщIыр къегъэлъагъуэ. Урысыбзэм хэт "а"-мрэ "о"-мрэ щытемыгъэщIапхъэм деж, абы ещхьу къеджэн хуейщ. Ипэм зэикI ирагъувэркъым. Ар псалъэм ипэм щигъэувапхъэм деи "а" ягъэув.
б [b] макъыр къегъэлъагъуэ. Ар урысыбзэм хэт "б"-ми, инджылызыбзэм хэт "b"-ми ещхьщ.
в [v] макъыр къегъэлъагъуэ. Зыхэтыр къэбэрдеймрэ иджырей шэрджэсымрэ беслъэнеймрэ ябзэращ. Адрейхэм ябзэм хамэбзэм къыхэкIыу къыхэхьа псалъэхэм фIэкI хэткъым. Абы ипIэкIэ е [ż°], [ċ°] е [dż°] къокIIуэ, ауэ абыхэм иджыри дытепсэлъыхьынущ.
г [ğ] макъыр къегъэлъагъуэ. Ар "г" "х"-м ещхьу къыщыппсэлъкIэщ щыхъур. Хамэбзэ псалъэхэм [g] макъыр къыщегъэлъагъуэ.
гу [g°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр къэпсэлъын щхьа [g] макъым игъусэу [w] жыIэн хуейщ.
гъ [γ] макъыр къегъэлъагъуэ. Ар шхын ехыпIэ Iупхъуэр щыкIэзызкIэ къикI макъщ. Нэмыцэбзэмрэ францыбзэмрэ я R пхъашэм ещхьщ.
гъу [γ°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [γ]-рэ [w]-рэ, а [g°] къызэрапсэлъыу жыхуэсIам хуэдэу, зэщIыгъуыу къэппсэлъымэ мэхъу.
д [d] макъыр къегъэлъагъуэ. Ар урысыбзэми, инджылызыбзэми хэтым ещхьщ.
дж [dž´] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [č´] макъым и къэхъукIэу, ауэ жьгъыжьгъыу щыту аращ. Нэхъ захуэу тхын хъумэ, мыр "джь"-уэ тхын хуейт, сыту жыпIэмэ, абазэбзэм хэт "дж"-р тIэкIу нэгъуэщIщи (дыдейм ещхьыр абазэбзэ "джь"-ращ). Инджылызыбзэм хэт "j"-м къызэреджэри аращ.
дз [dz] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр нэхъ ипэкIэ стхам ещхьщ, ауэ [d]-рэ [z]-рэ щызэгухьэкIэ къыхъуу аращ.
дзу [dż°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр къэбэрдеибзэм хэткъым. Зыхэтыр кIахэбзэращ. Ар зыхэт псалъэ закъуэ-тIакъуэхэм абы ипIэ къэбэрдейм [v] жаIэ. Мыр [d]-рэ [ż°]-рэ щызыгуэхьэкIэ къэхъу макъщ. [ż°]-м и къэпсэлъыкIэм иджыри сытепсэлъыхьынущ.
ж [ž] макъыр къегъэлъагъуэ. Урысыбзэм хэтым ещхьщ.
е псалъэм ипэм е макъ зешэм къыкIэлъыкIуэ къыщыкIуэкIэ [ja] къегъэлъагъуэ. Адрейхэм [e] макъыр къегъэлъагъуэ.
ё адыгэбзэм хэткъым, ауэ урысыбзэм къыхэкIа псалъэхэм хэтынкIэ мэхъу.
жъ [ż] макъыр кIахэбзэм къыщегъэлъагъуэ. Мыр [ž] макъыр [z] хуэдэу къэппсэлъымэ аращ щыхъур.
жъу [ż°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыри зыхэтыр кIахэбзэращ. ЗэрыжысIащи мыбы ипIэкIэ къэбэрдеибзэм [v] къокIуэ. Мы макъыр [w] бгъэзууэ къыщыппсэлъкIэ мэхъу.
жь кIахэбзэм [ž´] макъыр къыщегъэлъагъуэ, къэбэрдеибзэм [ż] макъыр къыщегъэлъагъуэ. [ž´]-р [š´]-м ещхьщ, ауэ макъ жьгъыжьгъщ.
з [z] макъыр къегъэлъагъуэ. Урысыбзэми инджылызыбзэми хэт [z]-м хуэдэщ.
и псалъэм ипэм е макъ зешэм къыкIэлъыкIуэ къыщыкIуэкIэ [jı] къегъэлъагъуэ (псалъэм папщIэ, ибэ [j́ıba], щIэин [ś'ajın]). Адрейхэм [i] макъыр къегъэлъагъуэ (псалъэм папщIэ, зыри [zıri]).
й [j] макъыр къегъэлъагъуэ.
к [k] макъыр къегъэлъагъуэ. [kh]-уэ жыпIи хъунущ, сыту жыпIмэ, [k]-р [h]-м хэхьэж хуэдэу къапсэлъыри. Псалъэ закъуэтIакъуэмрэ хамэбзэ псалъэхэмрэ фIэкIа хэткъым.
ку [k°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [k]-рэ [w]-рэ щызэгухьэкIэ хъу макъщ; нэхъ ищхьэкIэ [g°] къызэрапсэлъыу жыхуэтIам хуэдэу мыри къапсэлъ.
кхъ [q] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [q']-р [x]-м хэхьэжу къэпсэлъын хуейщ. Зыхэтыр къэбэрдеибзэмрэ беслъэнеибзэращ, ауэ шапсыгъыбзэмрэ бжьэдыгъубзэмрэ мыбы нэхъ ещхьу макъ къапсэлъ. Арщхьа абыхэм къ хьэрф фIэкIа къагъэсэбэпкъым.
къ и нэхъыбэм [q'] макъыр къегъэлъагъуэ, ауэ [q] макъым нэхъ ещхьыу къапсэлъынкIи мэхъу (п.п., шапсыгъхэмрэ бжьэдыгъухэмрэ). Мыр [g] макъым тIэкIу ещхьщ, ауэ джийм къокI, жьыр быударэ зэуэ къыщибгъэкIкIэ.
къу и нэхъыбэм [q°'] макъыр къегъэлъагъуэ. Ар [q']-мрэ [w]-мрэ зэгъусэу къыщыппсэлъкIэ къокI; [q']-р джийм къикIыу, [w]-р IупэкIэ щIыбгъужыу.
кI е [č´'], е [k´'], иныкъуэхэм деи [k'] къегъэлъагъуэ. [č´'] макъыр [č´] хэкъузауэ къыщыппсэлъкIэ мэхъу. Япэм абы ипIэ къапсэлъыу щытар [k´'] макъыращ; ар [k´] макъыр хэкъузауэ къыщыппсэлъкIэ мэхъу. Нобэ ар къэзыпсэлъхэр джылахъстэнейхэмрэ, хыIуфэ шапсыгъхэмрэ, IэщIыбым щыIэ адыгэхэмрэщ. Мы хьэрфыр псалъэ закъуэтIакъуэм [k']-уэ къыщапсэлъ (п.п., шкIэ, ткIий, IэшкIэ).
кIу [k°'] макъыр къегъэлъагъуэ. Мы макъыр [k']-мрэ [w]-мрэ зэгъусэу къыщыппсэлъым мэхъу.
л [ĺ] макъыр е [l´] макъыр къегъэлъагъуэ. [ĺ] макъыр адыгэбзэ фIэкIа нэмыщIыбзэхэм хэту къыщIэкъынукъым. Ар къыщыппсэлъкIэ бзэгупэр ищхьэ дзапэфIанэхэм я лъащIэм нэмысу Iущхьэм кIэрыпкъузэу жьыр лъэщу бгъэвуун хуейщ. Адыгэм языныкъуэхэм [l´]-уэ къапсэлъ. Ар урысыбзэм "ль"-м къызэреджэм ещхьщ.
лъ [ł] макъыр къегъэлъагъуэ. Мы макъыри къыщыппсэлъкIэ бзэгупэр ищхьэ дзапэфIанэхэм я лъащIэм нэмысыпэу кIэрыкъузэн хуейщ, ауэ жьы къипгъэкIыр бгъэвуунукъым.
лI [ł'] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [ł]-м ещхьщ, ауэ къыщыппсэлъкIэ джийми макъ къигъэIукIын хуейщ. КъэпсэлъыкIэу 2 иIэщ.
м [m]
н [n]
о Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм [o] къыщегъэлъагъуэ, Адыгэ Республикэм [wă] къыщегъэлъагъуэ (хамэбзэ псалъэхэм нэмыщI). Къэбэрдеибзэм хэт [o]-р е [ă]-м къыхокI (п.п., сощIэ / сэшIэ), е [aw]-м къыхокI (п.п., дотэ / даутэ).
п [p].
р [r]
с [s]
т
у [w]
ф [f]
х
I [?] макъыр къегъэлъагъуэ (едэIуэн). Мы макъыр [q'] макъым ещхьу къапсэлъ, икIи а макъым къыхокI, е, нэгъуэщIыу жыпIэмэ, мы макъым ипIэкIэ япэм [q'] къапсэлъыу щытауэ жыпIэ хъунущ. Нобэ къыздэсым адыгэм [?] макъым ипIэ [q'] къэзыпсэлъ яхэтщ, псалъэм папщIэ, убыххэм, хьэкIувхэм. Мы макъыр зыхэт адыгэ псалъэхэм хуэзэ адзыгъэ псалъэхэм мыбы ипIэ къакIуэр [q'] макъыращ (п.п., ад. Iэзэ - адз. aq'aza). Адыгэми адзыгъэми я сабийхэм псалъэкIэ зыщырагъащIэм деж [q'] къапсэлъыу щIадзэн ипэ [?] къапсэлъ. ИкIи, нэхъ ищхьэкIэ зэрыстхащи, [q'] макъыр [?] макъым хуокIуэ (п.п., къэбэрдей адыгэхэм "-къым" суффиксым ипIэ "-Iым" къапсэлъ). Мы макъым и къэпсэлъыкIэр гурыгъэIуэгъуейщ, ауэ урысыбзэ, тыркубзэ е нэмыщIыбзэхэм макъ зешэхэм ипэ и нэхъыбэм итщ мыр. НыгъуэщIыу жыпIэмэ, мы макъыр къэпсэлъын щхьэкIэ макъ зешэ гуэр жьыр къыумыгъэкIыу быубыдарэ зэуэ къигъэIукIын хуейщ.
Iу [?°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [?] макъымрэ [w] макъымрэ зэгъусэу къыщыппсэлъкIэ къокI. НыгъуэщIу жыпIэмэ, джиймкIэ [?] къыбогъэкI, ар къыщикI дыдэми IупэкIэ [w] къыбопсэлъ.