Псыхэуэхужь
Псыхэуэхужь | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Ardea alba Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырих | ||||||||||||||||
|
Псыхэуэхужь (лат-бз. Ardea alba) — псыхэуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынАдрей лӀэужьыгъуэхэм къагуокӀ и теплъэ хужьыбзэмрэ зэрыпӀащэмрэкӀэ. Ику иту къешэч ч. 1,5 кӀигъу, дамэ лъэныкъуэм и кӀыхьагъщ см. 43-44. КӀэцӀыгъуэ зэманым псыхэухужьым и пщэдыкъым къыхокӀ хьэгуагуэ мыин, и пщэ щӀагъым — цы кӀыхь зэгуэкӀхэр, дамащхьэхэми — апхуэдэ цы кӀыхьхэр, кӀащхьэм блэкӀыу. Ахэр — агреткэ жыхуаӀэ цы цӀэрыӀуэхэрщ. Пэр, лъакъуэхэр фӀыцӀэщ, нэ хъуреягъыр удзыфэщ.
Здэпсэухэр
зэгъэзэхуэжынУрысейм уеблэмэ, щыбэгъуэжьауэ къалъытэ. Гуп-гупури щхьэхуэ-щхьэхури мэгъуалъхьэ. Абгъуэ щещӀ бгъэн Ӏув кӀырхэм. УащыпэщӀохуэ Ипщэ Еуропэм, Азиэм, Ищхъэрэ, Ипщэ Америкэхэм, Африкэм, Аустралиэм, Зелэнд ЩӀэм я тропик е субтропик лъэныкъуэхэм. Къаукъазым щымащӀэкъым, мэлъэтэж.
Хъумэным и тхыдэр
зэгъэзэхуэжынАгреткэ цыр зыӀэрагъэхьэн папщӀи 19 лӀэщӀыгъуэм псыхэуэхужьхэр гущӀэгъуншэу куэду зэтраукӀащ. Абы папщӀэ гъэщӀэгъуэнкъым, мы къуалэбзу лӀэужьыгъуэр япэм здыщыгъуалъхьэу щыта щӀыпӀэ куэдым зэрыщымыӀэжыр, е мащӀэ дыдэ зэрыхъуар. Е 20 лӀэщӀыгъуэм и 20 гъэхэм мы къуалэбзур хъумэн зэраублам, зэрырамыгъэщакӀуэжым и фӀыгъэкӀэкъэрал куэдым и бжыгъэр къызэрыкӀуэ хъужьащ.
Ӏусыр
зэгъэзэхуэжынПсыхэуэхужьым и Ӏусыр бдзэжьей, псы хьэпщхупщ, пкӀауэ, мацӀэ, шэрыпӀ псэущхьэ жьгъейхэр.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.