Жьыкъан
Жьыкъан
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Жьыкъан лъэпкъыр
Лъэпкъ къуэдзэ: Жьыкъанхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Жьыкъан
Латин цӀэр
Muscicapa striata Pallas, 1764


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 561250
NCBI 69508

Жьыкъан (лат-бз. Muscicapa striata) — жьыкъан лъэпкъым щыщщ, бзу инкъым.

Cuculus canorus canorus + Muscicapa striata

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

ТхыцӀэр щхъуэ-гъуабжафэщ, натӀэмрэ щхьэшыгумрэ ӀэпапӀэ фӀыцӀэхэр хэсщ, ныбэ щӀагъыр тэхущ, джабэхэмкӀэ гъуэбжафэм хуэкӀуэжу. Пэ къыхэкӀыпӀэм пащӀэм ещхьу цы пхъашэ пӀийхэр тетщ. Жьыкъаныр къэщӀэгъуейкъым, къудамэхэм задэу тесщ, и дамэхэр иутхыпщӀым ещхьу игъэсысу. Гъудэбадзэ гуэрэ блэлъэтыкӀыу къилъагъумэ абы кӀэлъолъатэ, лъэщӀыхьэмэм нэхъыфӀу еплъын папщӀэ и дамэхэр псынщӀэу щӀиупскӀэу пэзазэу къоувыӀэ, атӀанэ къеубыд.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Африкэм. Къаукъазым щыгъуалъхьэхэмэ щӀымахуэр хьэрып къэралхэм щырах. Жьыкъан абгъуэхэм дэни уащыпэщӀохуэ: мэзым, жыг хадэм, дурэшхэм, къалэм, къуажэм, кхъэм, жыг къудамэхэм, щӀыгум, бжыхьэкӀапэхэм, унащхьэхэм. Зы гъэм тӀо къыреш.

Ӏусыр бадзэ дэмылӀэужьыгъуэщ (жьгъейхэри пӀащэхэри), гъудэ, хьэндырабгъуэ, щыгъыныхь.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.