Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ
Бо́сниэрэ Герцегови́нэрэ (бос-бз. хор-бз. Bosna i Hercegovina, сер-бз. Босна и Херцеговина) — къэрал конфидерациу щыт Балкан хы тӀыгуныкъуэм и кум хэту. Къэралыр аутоном администрациу зэхэт - Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ я Федерациэ, Сербскэ Республикэ, Брчко хэку джоуэ. Къалэ нэхъышъхьэр Сараево
Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ бос-бз. хор-бз. Bosna i Hercegovina сер-бз. Босна и Херцеговина | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: ««Интермецо»» | |||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 5 мэлыжъыхьым 1992 (зхэкӀар Йугославиэ) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | Босниибзэ, Хоруатыбзэ, Сербыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Сараево | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Сараево, Баня Лука | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Республикэ | ||||
Нэхъышъхьэ Тхьэмадэ Хасэ Тхьэмадэхэр Чэнджш Хасэм и Тхьэмадэ Конституциэ Мэхьчэмэм и Тхьэмадэр |
Валентин Ицко Небойша Радманович Бакир Изетбегович Желко Комшич Никола Шпирич Сеада Палаврич | ||||
ШӀыпӀэр • Псори |
127-нэ дунем 51 129 км² | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2009) • Ӏувагъыр |
4 613 414 цӀыху (120-нэ) 90 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2009) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$32 59 млрд (105-нэ) $7 064 84 | ||||
Сомыр (Валутэр) | Боснэ маркэ | ||||
Интернет-доменхэр | .ba | ||||
Телефон кодыр | ++387 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +1 | ||||
Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ Уикисурэтылъэм |
Хэкумэтхыр
зэгъэзэхуэжынБоснэрэ Хьэрцеговинэрэ Еуропэм и ипшъэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм хэт. И Гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ишъхъэрэмкӀэ, ипшъэмкӀэ, къуэхьэпӀэмкӀэ - Хоруатиэм, къуэкӀыпӀэмкӀэ - Сербиэм, ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ - КъушъхьэфӀыцӀэм.
Къэралым и инагъыр зэрыхъур 51,1 мин км².
Боснэрэ Хьэрцеговинэмрэ и шӀыпӀэм и нэхъыбэр Динар бгыхэм яхэт. Къэралым ипшъэ лъэныкъуэм Сава и псыхъуэм Дунайкурыт губгъуэм и ипшъэ лъэныкъуэр хохьэ. Адриатикэ хым и Ӏуфэм ӀухьэпӀэ мы ину къэралым иӀэ (ауэ псыӀуфэр Хоруатиэм ей). Къэралым псы нэхъ ину ежэххэр: Уна, Врбас, Босна, Дрина - а псори Дунай и псыхъуэм щыщхэ, псы Неретвар Адриатикэ хым холъадэ.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынИлъэс минкӀэ ди лъэхъэнэм ипэкӀэ, Боснэм и шӀыпӀэм илирийхэр ихьахэ, яужым къэралым и лъэпкъ хъуахэра. V ди лъэхъэнэм ипэм щыкӀэдзауэ хэкум и ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ келтхэр ихьурэ теуэн кӀадзэ. I ди лъэхъэнэм ипэм Боснэм и шӀыпӀэр урымхэм яубыдри куей Илирик яшъыр, лъэпкъ дэсым ицӀэкӀэ.
Лъэхъэнэ курытхэм Боснэм и шӀыпӀэр бжыгъэрэ къэрал нэхъ инхэм хыхьурэ яужым хуит хъуурэ щыта, тхыдэм нэхъ индыдэ, нэхъ лъэш щыхъуатэр 1377 гъэм, Твртко I Котроманичым Боснэм и пэштыхьу зыщытриӀуам. XIV лъэхъэнэм и кӀэм себхэмрэ хорватхэмрэ я шӀыгухэр хиубыдурэ къэралыр бжыгъу хохъуэ Адриатикэм ӀухьэпӀэ иӀу. Твртко дунем ехыжьа яуж къэралыр хом-хомурэ хэкӀуэдэн кӀедзэ и къэру фӀэкӀуэду.
1463 гъэм Боснэм и шӀыпӀэ нэхъыбэр тырку ӀэнатӀэм кӀохьэ, 1482 гъэм Хьэрцеговинэми пхуэдэр къышъошъыр. Уэсмэн империэм хэкуитӀыр зыуэ зэхагъэхьэ вилаят Боснэ доуэ.
1831-1832 гъэхэм зауэ -зыкъэӀэтыгъуэ къохъур, Хусейн Градашчевич и ӀэнатӀэмкӀэ, ауэ узыншу емыкӀуэкӀыу, хокӀуадэ.
1849 гъэм уэркъхэм зыкъаӀэт, уэсмэн паштыхьым хабзэ къыдигъэкӀахэр ягум темыху, илъэситӀ текӀауэ пэштыхьым и дзэм зэхегъэкӀ уэркъхэм я зыкъэӀэтыгъуэр.
1875 гъэм кӀэуэ зыкъуэӀэтыгъуэ къохъур, къызхэкӀар экономикэмрэ политикэ нукъуэкъуэгъухэм, джылэм аутономиэм хуэныкъу къаӀохут, иэ Сербиэм иэ Хоруатиэм хагъэхьэну. 1878 гъэм, Берлин конгрессым унафэ къыдокӀ Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ Аустро-Венгрым и ӀэнатӀэм кӀэхьэну.
Япэрей дунейпсо зауэм яуж Аустрэ-Венгрыр зэхокӀри Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ Сербиэ Пэштыхьейм хохуэ, яужым а зэхэхьэгъуэм къарал кӀэ къыхокӀ - Сербхэм, Хоруатхэм, Слоуэнхэм я Пэштыхьей, яужым пэштыхь Александыр Карагеоргиевичым 1929 гъэм, диктатурэ ӀэнатӀэ къаралым хелъхьэри, къэралым и цӀэр зэрехъуэкӀ Югослав пэштыхьей джоуэ.
ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ джэрмэныдзэмрэ къыдэшъхэмрэ Югославыр яубыдри, зытӀущу ягуэчыр, зауэр иуха яуж Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ Республикэ статусыр къылъос Югослав Федерациэм хэту.
1992 гъэм, мэлыжъыхьым и 6-м лъэпкъ зэхэдзыкӀэкӀэ зауэ кӀидза Югославым, зауэр къызхэкӀар Боснэрэ Хьэрцеговинэмрэ хуитыныгъэ иӀэным зэрпыхьам шъхьэкӀэ. 1995 гъэм 14 и фокӀадэм зауэр иуха Дейтон тхылъэ кӀэтхэгъуэкӀэ. Къэралыр хуит хъуа.
Джылэр
зэгъэзэхуэжынКъэралым джылу дэсым я бжыгъэм хышъыкӀыгъэ тэрэз иӀэкъым, зауэ нэужым куэдыр дэкӀахэ, бгъэ егъэкӀуэкӀыным и хабзэми хэукъуэгъуэ куэд хэхьа.
Къэралым и нэхъышъхьэбзэхэр - босниибзэ, хоруатыбзэ, сербыбзэ
Дин нэхъышъхьэхэр - мыслъымэныгъэ (40 %), захуэ чыристэныгъэ (31 %), католикыгъэ (15 %) [1].
Боснэрэ Хьэрцеговинэмрэ и джылэр | ||
---|---|---|
Гъэр | Бжыгъэр, мин цӀыху | |
1960 | 3, 180 | |
1965 | 3,396 | |
1970 | 3,564 | |
1975 | 3,747 | |
1980 | 3,913 | |
1985 | 4,122 | |
1990 | 4,308 | |
1995 | 3,420 | |
2000 | 3,847 | |
2005 | 3,907 | |
2008 | 4,590 |
Экономикэр
зэгъэзэхуэжынБоснирэ Хьэрцеговинэрэ и экономикэр Еуропэ къэралхэм я кӀэдыдэм ит ВКӀуП-м и инагъымкӀэ. ВКӀуП-ыр 2009 гъэм зэрыхъуар $ 32, 59 млрд[2].
Къэралым и ахъчэр Боснэ маркэ - конвертациэм хэхьэф.
Къэралым и лэжьыгъэ нэхъ япэрехэр: ЩӀыкӀэлъыгъуэхэр къыкӀэхыным - фӀамыкӀ, гъушӀ, джыр пэмыкӀ бжыгъи, абыхэм щымыхъукӀэ, иджыри - шэкӀ, тутын, унагъэ мылъку, ауто Ӏэмэпсымэхэр къыдагъэкӀ къэралым.
Хадэрэ губгъуэ лэжьыгъэхэр къэралым фӀыуэ зэфӀэтхэ, ауэ шӀыр ятӀэ хьэлъэгъу зэрщытым шъхьэкӀэ елэжьыныр гъугъ. Былым зехуэныр нэхъыфӀу зэфӀэувауэ щыт. Къэралым и шӀыпэм и нэхъыбэр мэзхэм хэт.
Администрациэ гуэчыгъуэр
зэгъэзэхуэжынКъэралыр аутоном администрациэкӀэ зэхэт - Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ я Федерациэ, Сербскэ Республикэ, Брчко хэку.
Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ я Федерациэр
зэгъэзэхуэжынСербскэ Республикэр
зэгъэзэхуэжын№ | Куейхэр | Къалэ нэхъышъхьэр | |
---|---|---|---|
1 | Баниа-Лука | Баниа-Лука къалэ | |
2 | Добой | Добой къалэ | |
3 | Биелина | Биелина | |
4 | Власеника | Зворник | |
5 | Сараево-Романиа | Сараево | |
6 | Фоча | Фоча къалэ | |
7 | Требиние | Требиние |
Брчко хэкум шъхьэхут ӀэнатӀэ иӀэ, Боснэрэ Хьэрцеговинэмрэ я Федерациэми хохьэ, Сербскэ Республикэми хохьэ.
Дзэр
зэгъэзэхуэжынМы тхыгъэм и лъэныкъуэр иджыри итхакъым. Википедиэм хэтхэм я зым зэригугъэмкӀэ, мыбдежьым итын хуэйр тегъэпсыхьэуэ тхыгъэ нэгъэса.
Проэктым удэӀэпыкъуфыну, мы тхыгъэм и лъэныкъуэр нэбгъэсмэ. |
Гулъытыгъуэхэр
зэгъэзэхуэжын- ↑ CIA World Factbook (индж.)
- ↑ Report for Selected Countries and Subjects (индж.)
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |