Сербиэ (серб-бз. Република Србија) — Еуропэм хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Белград.

Сербиэ
серб-бз. Република Србија
Дэмыгъэ Сербиэм
Сербиэм и нып Сербиэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 44°14′00″ с. ш. 20°53′00″ в. д. / 44.233333° с. ш. 20.883333° в. д. (G)

Гоуидзэр: «Само слога Србина спасава»
Къэрал уэрэд: «Боже правде» (Макъ едэӀун (info))
Хуитыныгъэм и махуэ 2006 мэкъуауэгъуэм и 3
Нэхъышъхьэбзэхэр сербыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Белград
Къалэ нэхъ инхэр Белград, Нови-Сад, Приштина, Ниш
ӀэнатӀэ хабзэр республикэ
Президентыр
Премиер-министыр
Скупщинэ тхьэмадэ
Александар Вучич
Милош Вучевич
Ана Брнабич
ШӀыпӀэр
• Псори
111-нэ дунем
88 361 км²
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2013)
Ӏувагъыр

9 090 715 цӀыху (84-нэ)
115 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$48,816 млрд.  (67-нэ)
$7,000
Сомыр (Валутэр) cербиэкӀэ динар (RSD, кодыр 941)
Интернет-доменхэр .rs
Телефон кодыр +381
Зэманыгъуэхэр +1
Сербиэ Уикисурэтылъэм
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Сербиэм и хэкумэтх
 
Сербиэ и шӀыпӀэтхыпхъэр

Сербиэ Еуропэм, Балкан хы тӀыгуныкъуэм хэт.

Гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ишъхъэрэмкӀэ — Межарейм, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Румыниэм, Балгариэм, ипшъэмкӀэ — Македониэм, Республикэ Косовом (дунейпсом къамылъыта къэрал), Албаниэм, къуэхьэпӀэмкӀэ — Хоруатиэм, Боснэрэ Хьэрцеговинэм, БгыфӀыцӀейм.

Къэралым и инагъыр — 88 361 км².

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Сербиэм и тхыдэр

Курыт лъэхъэнэхэм Балканхэм Сербиэ пэштыхьей къыхокӀыр. 1389 гъэм, сербыдзэм и къэру къимыхьу туркудзэр токӀуэ Косово губгъуэм, Сербиэр псоуэ Уэсмэн империэм щыхэхьэр 1459 гъэм.

1815 гъэм Сербиэм аутоном статус къештэ Уэсмэн империэм здыхэтым, 1878 гъэм къэрал хуит мэхъур.

Япэрей дунейпсо зауэр иуха яуж Сербиэр 1918 гъэм Сербхэм, хоруатхэм, солуэнхэм я пэштыхьейм хэт мэхъур (1929 гъэм щыкӀэдзауэ Йугослау хъуар)

ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Йугослаур «Осим» и къэралхэм оккупациэ яшъат, 1945 гъэм и нэкъыгъэм къыхагъэкӀыжьауэ.

1980-хэм я кӀэм Йугослаум политикэмрэ экономикэмрэ я кризис кӀедзэ, къэралыр зэхэкӀынымрэ, джылэ зауэмрэ нигъэсу. ИкӀэм федерациэм хэту къэнэжьахэр Сербиэмрэ КъушъхьафӀыцӀэмрэ, Йугослаур зэрщыту щызэгуэхуар 2006 гъэм.

2008 гъэм Косово Республикэм хуитыныгъэ къештэ, ауэ, Сербиэ ӀэнатӀэгъуэм ар къылъытакъым.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Сербиэм и джылэр

Джылу дэсым и бжыгъэр - 9 млн (2013 гъэм и къэлъытэгъуэкӀэ).

ЛъэпкъкӀэ - сербхэр (82.86 %), венгхэр (3.91 %), боснийхэр (1.82 %), пэмыкӀхэр.

Къэралым и нэхъышъхьэбзэхэр - сербыбзэ.

Экономикэр

зэгъэзэхуэжын
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Сербиэм и экономикэр

ВКӀуП-р 2008 гъэмкӀэ здынэсар $48,816 млрд.

Валютэр — cербиэмкӀэ динар.

Администрациэ гуэчыгъуэр

зэгъэзэхуэжын

Сербиэ — къэрал унитару щыт.

Къэралыр аутоном администрациэкӀэ зэхэт - Воеводина, Косово Метохиэрэ. АдминистрациэмкӀэ хэку 29, куей 211 мэгуэш.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын