Урысей
Урысей (урбз. Россия, Российская Федерация, и цӀэдыдэр псоуэ — Урысей Федерациэ, кӀэщӀыу УФ) — къэрал, къуэкӀыпӀэ Еуропэмрэ ишъхъэрэ Азиэмрэ хэт. И щӀыпӀэм и инагъыр 17 075 400 км² — абымкӀэ Урысейр дунейм нэхъ и къэрал нэхъ ину щыт. Джылу исыр, 2010 гъэмкӀэ — цӀыху 141 927 297 (9-нэ дунейм).
Урысей, Урысей Федерациэ урбз. Россия, Российская Федерация | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «Государственный гимн Российской Федерации» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 862 | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | урысыбзэ[1] | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Мэзкуу | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Мэзкуу, Бытырбыху, Новосибирск, Екатеринбург, Нижний Новгород | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Президент-парламенту республикэ | ||||
Президент Правителствэм и тхьэмадэ |
Дмитрий Медведев Владимир Путин | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
1-нэ дунем 17 125 191[2] км² 13 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
146 544 710 цӀыху 8,3 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$2,225 трлн (7-нэ) $16 239 | ||||
Этнохоронимыр | урысейхэ; урысей; | ||||
Сомыр (Валутэр) | урысейм и рубл (RUB, RUR) | ||||
Интернет-доменхэр | .ru, .su[3], .рф[4] | ||||
Телефон кодыр | +7 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +2…+11[5] | ||||
|
Хэкумэтхыр
зэгъэзэхуэжынУрысейр Еуразиэм хэт, континентым и 1/3 хуэдиз иубыду. ХэкумэтхымкӀэ и пӀэр — континент-курытыгъу, океан-курытыгъу къалъытэр.
И гъунапӀэхэр: ищхъэрэм — хыпэ Челускин (материкым; гъунапӀэхэр Хы тӀыгу зэхэт Франц-Иосиф — хыпэ Флигели, Рудолф и хы тӀыгум), къэхьэпӀэм — Песчанэ хы тӀыгуныкъуэм и пэ (Калининград къэралым), къуэкӀыпӀэм — Дежнев хыпэ, ипшъэм — пӀэ, Къаукъаз Ӏуашъхьэшхуэхэм хэт (Дагъыстэнымрэ Азарбиджанымрэ я гъунапкъэм).
Дунем нэхъ и къэрал ину щыту, Урысейр къуэхьэпӀэмкӀэ къыщӀедзэри къуэкӀыпӀэмкӀэ йокӀуэкӀыр, 11 зэманыгъуэкӀэ гуэчауэ.
Хым и псы иубыдхэм, км 370 Ӏуфэм къыӀукӀыу, Урысейм и хы экономическэ зонэр хэт.
Урысей Федерациэм щӀымкӀэ и гъунапкъыр къэрал 16-м ядеж ирокӀуэ: Норвегиэм, Финляндиэм, Эстониэм, Латвиэм, Литвам, Лэхьыйм, Урысыхум, Хуэхуэлейм, Апхъазым, Курджым, Ипшъэ Осетиэм, Азэрбиджаным, Къазахъстэным, Монголым, Китайм, Ишъхъэрэ Корейм, абым пэмыкӀыу хым ирикӀуэ гъунапкъхэр, къэралитӀым — Японымрэ АШЗ-мрэ. ЩӀым ирикӀуэ гъунапкъым и кӀыхьэгъыр км 1605.
Джылэр
зэгъэзэхуэжынРосстатым къызэритымкӀэ 2010 гъэм Урысейм дэсыр зэрыхъур цӀыху 141 927 297, абымкӀэ Урысейр дунем 9-нэ пӀэр еубыд.
Джылэм и нэхъыбэр (2/3) Урысейм и къуэкӀыпӀэеуропэ лъэныкъуэм щопсоухэ, адрей 1/3 Уралым и кӀыбагъым.
Лъэпкъхэм я нэхъ иныр урысхэр — 79,8 %. Адрей лъэпкъхэр (милыуаным зи бжыгъэ фӀэкӀ) — къэзанхэр (3,9 %), украинхэр (2 %), башкирхэр (1,2 %), чувашхэр (1,1 %), мышгычхэр (0,9 %), ермэлыхэр (0,8 %). Урысейр лъэпкъ бжыгъу зэхэт къэрал, щӀэм фӀэкӀыу лъэпкъу динуи зэшъхьэщыкӀху.
Къэралым и зэхэтыкӀэр
зэгъэзэхуэжынКонституциэмкӀэ, 1993 гъэм референдум ирагъэкӀуэкӀамкӀэ хэхам, Урысей Федерациэр къэрал демократ федерату щыт, и хабзэӀэнатӀэр республику щыту.
Къэралым и тхьэмадэр
зэгъэзэхуэжынКъэралым и тхьэмаду тетыр президент, илъэситхукӀэ хахыр, къэралпсом и хэхыгъуэкӀэ. Президентыр зэкӀэлъыпыту тӀо хахын пӀалъэ иӀэкъым.
Урысейм и призедентхэм я тхылъ:
- Борис Елцин — 1991—1999;
- Владимир Путин — 2000—2008;
- Дмитрий Медведев — 2008
- Владимир Путин - 2012 шӀыщӀэдзауэ - къыздынэс
ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэр
зэгъэзэхуэжынХабзэдэгъэкӀым и ӀэнатӀэ нэхъышъхьу щытыр парламент (Федерал хасэ), тӀууэ зэхэкӀу — нэхъыкӀэмрэ (Государственная Дума) нэхъыжьымрэ (Федерациэм и хасэ). Государственноэ Думэм хэтхэр къэралпсом и хэхыгъуэкӀэ зэхохьэ, Федерациэм и хасэр — урысейм и хэку къэсым тӀурытӀ тхьэмадэ къыхэгъэкӀыурэ зэхагъыхьэ.
Лэжьыгъэ ӀэнатӀэр
зэгъэзэхуэжынЛэжьыгъэ ӀэнатӀу тетыр Урысей Федерациэм и правителствэ, абы шъхьэщытыр Правителствэм и тхьэмадэ, президентым тригъэувэ УФ и Государственнэ Думэм идауэ ар.
Федерациэр зэргуэчыр
зэгъэзэхуэжынАдминистрацэмкӀэ УФ-м и шӀыпӀэр 85 хуэку ӀэнатӀэ зэхуэдиз зиӀу гуэчауэ щыт. Хэкухэр зэрзэшъхьэщыкӀхэр:
- Област (Хэку) — 46;
- Республикэ (Къэрал) — 22;
- Края (Къэрал) — 9;
- Автоном округ — 4;
- Федерал ӀэнатӀэ зиӀэ къалэ — 3;
- Автоном област (Автоном хэку) — 1.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжын- 862 гъэм Пэсырейурыс къэрал зэфӀоувэ (Киевская Русь), къуэкӀыпӀэслауан лъэпкъхэм я нэхъыбэр зыхиубыду. Яужым пщызэрыз зэхэтыкӀэм къэрал бжыгъу мэгуэчыр.
- XIII лъэхъэнэм урыс пщы къэралхэм монголхэр къатоуэри, яубыдхэр. Монгол хъанхэм я ӀэнатӀэр урыс пщыхэм ятелъ. 1380 гъэм, урыс пщы Дмитрий Донскойр хъан Мамайм токӀуэ Кукиков зауэм идежь.
- XVI лъэхъэнэм Мэкуу къэралым и къэрур зэфӀэувэн кӀедзэ, къыбгъэдэлъ пэмыкӀ урыс къэрал бжыгъэхэр иубыду. Зы ӀэнатӀэ зиӀэ къэрал мэхъур. Иуан VI Бзаджэм щыгъуэ Урыс къэралыр бжыгъэкӀэ нэхъ ин мэхъур, Казанымрэ и Астраханымрэ иубыду.
- XVII лъэхъэнэм Иуан VI Бзаджэр дунем ехыжьа яуж къэралым «зэман фӀыцӀэ» къожьэ. Урысейм Лэхьыйм и дзэр къытоуэ. 1612 гъэм, джылэдзэ Мининрэ Пожарскэрэ яшъхьэщыту Лэхьыйм и дзэр зэгуаудыр. 1613 гъэм пэштыхь кӀэуэ хахыр Михаил Фёдорович Романов. Романовхэ я лъэпкъыр Урысейм 1917 гъэм нэгъунэ тетхэ.
- XVIII лъэхъэнэм пэштыхь Пётр I реформэшхуэхэр къырегъажьэ, Урысейм империэ треӀуэ. Ишъхъэрэ Зауэшхуэм яуж 1700—1721 гъэхэм Урысей империэм шӀыпӀэ иӀэхэр еубыдыжьри Балтикэ Хым идежь дэкӀыпӀэ егъуэт.
- 1812 гъэм ШӀыналъэ зауэр кӀедзэ Наполеон и Фрэнджым пэщыту, абым урысейр токӀуэ. 1861 гъэм пщылӀ Ӏыгъын пӀалъэр Ӏуах. XIX лъэхъэнэм и кӀэм лэжьыгъэр куэду зэфӀоувэр къэралым.
- 1905—1907 — япэрей урыс револуциэ.
- 1914 гъэм Урысей империэр Антантэм зэрхэтым шъхьэкӀэ Япэрей дунейпсо Зауэм хохьэ. 1917 гъэм мазаем Мазае револуциэ кӀедзэ, пщыхэр трагъэкӀри ӀэнатӀэ хабзу республикэ яшъыр. КӀэх провителствэм зэуэ егъэкӀуэкӀыныр зэрзэпамыудыр къаӀуэри, 1917 жэпуэгъуэм ӀэнатӀэр «инхэм» яубыд, Ленин яшъхьэщыту. 1918—1922 Урысейм джылэ зауэ йокӀуэкӀ, текӀуэхэр «инхэра». 1922 гъэм Совет Зэгуэт къэралым траӀуэ.
- 1941—1945 — ШӀыналъэ зауэшхуэ, Джэрмэнымрэ дэкӀыгъухэмрэ япэщылъу.
- 1991 — Совет Зэгуэтыр зэхокӀыр, Урысейри абым къыхокӀ.
Културэр
зэгъэзэхуэжынМы тхыгъэм и лъэныкъуэр иджыри итхакъым. Википедиэм хэтхэм я зым зэригугъэмкӀэ, мыбдежьым итын хуэйр тегъэпсыхьэуэ тхыгъэ нэгъэса.
Проэктым удэӀэпыкъуфыну, мы тхыгъэм и лъэныкъуэр нэбгъэсмэ. |
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын- Урысейм и президентым и сайт.
- УФ и госдумэм и сайт.
- УФ-м и ъэрал лъэжьыгъэхэм я сайт.
- Россия улучшила позиции в рейтинге самых нестабильных стран
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Урысей теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |